ЗэIузэпэщыныгъэм и гъуэгукIэ

КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-ком­мунальнэ хо­зяйствэмкIэ и министерст­вэмрэ щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Прави­тель­ствэ комис­сэм и прези­диумымрэ я зэ­IущIэм. Ар видео Iэмалым тету иригъэ­кIуэ­кIащ УФ-м и Пра­вительствэм и унафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ ми­нистр Файзуллин Ирэк къы­зэ­хуэсахэм я пащхьэ кърилъ­хьащ ухуэныгъэ къудамэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмрэ 2022 гъэм яхузэфIэ­кIамрэ къапэщылъ зэманым зыхуагъэувыж мурадхэмрэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэ­ныгъэ лэжьыгъэхэм тригъэкIуэдащ сом мелард 35,6-м нэс, ар блэкIа илъэсым нэхърэ нэхъы­бэщ. ПсэупIэу метр зэбгъузэнатIэ 522,6-м нэс ятащ, ар 2021 гъэм ­нэхърэ процент 1,6-кIэ нэхъыбэщ. 
Кхъахэ хъуа унэхэм къыщIагъэIэпхъукIащ цIыху 446-рэ. ЦIыхубэ зэхэзекIуапIэу 15, пщIантIэ 51-рэ зэрагъэпэщыжащ, фэтэр куэду зэхэт унэ 41-рэ зыхуей хуэзэу зэрахьащ. Школи 2, топ джэгупIэ губгъуэ цIыкIу, ам­булаторэу 2, сабий IыгъыпIэу 5, коммунальнэ инф­раструкту­рэм хиубыдэ IуэхущIапIэу 5 яутIыпщащ. 
2023 гъэм ящIыну я мурадщ псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ 519-рэ. Ущыпсэуж мыхъуну унэ­хэм къыщIагъэIэпхъукIынущ цIыху 700-м нэс. КIуэ пэтми ­нэхъ ­зеубгъу Налшык дащIыхьа унэ­щIэхэм псы ирашэлIэным епха лэжьыгъэхэм. Нэгъэсауэ зэрахьэнущ фэтэр куэду зэхэт унэ 70, унэ 30-м щIэт лифт 52-рэ щIэкIэ зэрахъуэкIынущ. Къи­нэмыщIауэ, зэрагъэпэщыжынущ цIыхубэ ­зыгъэпсэхупIэу 43-рэ, пщIантIи 147-рэ. Нарт­къалэ дэт «Нарт» паркыр къагъэщIэрэщIэжынущ. 
Ухуэныгъэ Iуэхухэр нэхъыбэу зэпхар лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ зэфIах лэжьыгъэхэрщ. Ар школхэр ухуэн, зехьэн, узыншагъэм кIэлъыплъ IуэхущIапIэхэр, щэнхабзэмрэ спортымрэ я унэ­хэр зыхуей хуэгъэзэн хуэдэ лэ­жьыгъэхэрщ. Абыхэм хеубыдэ гъуэгу зэгъэпэщынымрэ цIыху­хэм къагъэщхьэпэ псори зы­хуей хуэгъэзэнымри. 

Поделиться: