Къалэнхэр икIэщIыпIэкIэ ягъэбелджылынущ

КъБР-м Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ УФ-м и Президент Путин Владимир ФедерацэмкIэ Зэхуэ­сым Зэрызыхуигъэзам къы­хэща къалэнхэр зэрагъэзэ­щIэнум теухуауэ. 

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Уна­фэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэ­мэд, Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэхэу Къуныжь Му­-Iэед, Хъубий Марат, Къуэшрокъуэ Залым, Налшык къалэ ­администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сымэ. 
КIуэкIуэ Казбек унафэ зэри­щIам тету, Правительствэр иужь ихьащ Президентым къыхилъхьа жэрдэмхэр я лъабжьэу Iуэхухэр убзыхуным, ахэр мы илъэсым къриубыдэу зэхалъ­хьэу лъэпкъ проектхэмрэ программэхэмрэ наIуэ къащIы­ным. Псалъэм папщIэ, «ГъащIэ кIыхь икIи узыншэ», «Унагъуэ», «Урысейм и щIалэгъуалэ», «IэщIагъэлIхэр», «Экономикэ» лъэпкъ проектхэр, программэ зэмылIэу-
жьыгъуэхэр ягъэхьэ­зы­рыныр, абы хохьэ сабий гъэсапIэхэр, еджапIэхэр, сыма­джэщ­хэр, школхэр, нэгъуэщI­хэри.
Ди Iэтащхьэм къыхигъэщащ Президентым ахъшэ щIыхуэ­хэм щыщ щIыналъэхэм яхуэ­гъэ­гъун хуейуэ къызэрыхилъ­хьам дэри ди фейдэ зэры­хэ­лъыр, апхуэдэ ахъшэр ухуэныгъэхэм ягъакIуэ зэрыхъунур. «Дэ ап­хуэдэ щIыхуэу сом меларди 4 ттелъщи, ар псэупIэ-комму­нальнэ IэнатIэм тедгъэ­кIуадэ хъунущ», - жиIащ Iэтащхьэм. 
- Урысейм и адрей хэгъэгухэми ещхьу, ди щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ «Псы къа­бзэ» федеральнэ проектым зэрыпащэнум. А проектымкIэ илъэс кIуам республикэм и ­къуажи 10 псыкIэ къызэдгъэпэщащ, бжьамийхэр тхъуэжащ, псызэхуэхьэсыпIэхэр тщIащ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ бынунагъуэшхуэхэмрэ СВО-м хэтхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэ­Iэпыкъуну щIыкIэхэм. «Президентым и Зэрызыхуагъазэр тхыдэм къыхэнэну, мыхьэнэш­хуэ зиIэ, къалэн куэд щыубзыхуа дэфтэрщ. КъэкIуэнур щынэрылъагъущ», - жиIащ ­Iэтащхьэм. Абы Правительст­вэм хэтхэм яхуигъэуващ къэрал УнафэщIым щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм ягъэ­зэщIэн хуейуэ къигъэлъэгъуа­хэр зэпкърахыу, программэ зэхалъхьэну.

Поделиться: