Щэнхабзэ

ФIыуэ слъагъум сыIуплъамэ

         «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэд куэдым къежьапIэ яхуэхъуар къигъэнэIуащ. Абыхэм ящыщ зыщ «ФIыуэ слъагъум сыIуплъамэ» уэрэд дахэри.

Хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ ятеухуауэ иджыри зэ

Сыт нэхъ лъапIэу щыIэ лъэпкъым и дежкIэ, абы щIэныгъэлI къыхэхъуэным елъытауэ? Ар бзэм елэжь IэщIагъэлI щIалэу къыщыщIэкIым деж, а гуфIэгъуэр тIуащIэ мэхъу. 
 Адыгейм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институту КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэм мэкъуауэгъуэм и 15-м щекIуэкIащ «Мейкъуапэ и архелогие фэеплъхэм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щаубыд увыпIэр» урысейпсо щIэныгъэ конференц. Абы ирагъэблэгъа Быф Елбэрд Адыгэ республикэм и журналист пажэ ГъукIэлI Сусаннэ и «Псэлъэгъу» (ЗэдэгушыIэгъу») нэтыным и гупсысэхэр къыщригъэIуэтащ. 

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм трагъащIэ

Тэрч щIыналъэм япэу щрагъэжьащ «Этнокод КБР» щэнхабзэ Iуэхур. Ар КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ ягъэзащIэ, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу. Мы зэхыхьэр республикэм и район псоми щекIуэкIынущ.
Мыр хуэунэтIащ цIыхубэр зэкъуэгъэувэным, республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным, я лъахэм и хабзэхэмрэ тхыдэмрэ джыным щIалэгъуалэр хэшэным. 

Лъытэгъуейщ и гуащIэр

ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа КIэрашэ Тембот IэнатIэ хъарзынэхэр ирихьэкIащ: адыгэ газетым и редактору, тхылъ тедзапIэм и тхьэмадэу, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу, Краснодар дэт педагогическэ институтым щыегъэджакIуэу щытащ. Ауэ а псоми къадэкIуэу лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэри лъытэгъуейщ. КIэрашэм и IэдакъэщIэкIхэр  адыгэ литературэм и курыхщ, абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуэунэтIащ лъэпкъ щэнхабзэр Iэтыным. КIэрашэм тхэным къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIым теухуащ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр.

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэ

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Грозный Иванрэ Темрыкъуэ Мариерэ ятеухуа «Династия: истоки и венец. История об Иване Грозном и Марии Темрюковне» тхыдэ романыр.

ЯхузэфIэкIар мащIэкъым

ЩIэблэм щIэныгъэ яIэныр зи хъуэпсапIэу щыта щIэныгъэлIхэр лъэпкъым и мащIэкъым икIи ар абыхэм къайхъулIэным теухуауэ абыхэм куэд зэфIагъэкIащ. Апхуэдэ узэщIакIуэхэм ящыщщ Тамбий Пагуи Дым Iэдэми. Абы и лъэныкъуэкIэ абыхэм зэфIагъэкIахэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн зиIэ» и тхыгъэм.

Къалэдэсхэм я нэгу зрагъэужьащ

  ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, Аттракционхэм я паркым, бадзэуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ гъэшхэкI къыщIэзыгъэкI «Чабан» IуэхущIапIэм къызэригъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ.

  «Чабан» IуэхущIапIэм и зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIа къалэдэсхэмрэ ди хьэщIэхэмрэ Iуагъэхуащ куэд щIауэ къыщIагъэкIхэм нэмыщIауэ, иджы дыдэ ящI хъуа шхыныгъуэхэри (кхъуей, кхъуейлъалъэ, шху, шэ, шатэ, тхъу, тхъуцIынэ, дэлэн, хьэлывэ).  Къызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ дэлэн зэращI щIыкIэр. ПщэфIэным, а шхыныгъуэм дихьэххэр яфIэхьэлэмэту абы кIэлъыплъащ.

Дэтхэнэми тхыдэ щхьэхуэ иIэщ

Ныбжьышхуэ зиIэ нарт эпосыр хъыбар гъэщIэгъуэн куэду зэхэлъщ. Абы и дэтхэнэ лIыхъужьми тхыдэ щхьэхуэ иIэщ. Ахэр зыхуэдэр, абыхэм я шыфэлIыфэр зэпкърыхауэ къыщахьащ адыгэ щIэныгъэрылажьэхэу Мыжей Михаилрэ Пащты Мадинэрэ зэдатха «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым. Абыхэм ящыщ зыбжанэ нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхунщ.

Адэмрэ пхъумрэ

Зэман-зэманкIэрэ дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыху цIэрыIуэхэр. Абыхэм я гъащIэмрэ я IуэхущIафэмрэ щIэблэм гъуазэ лъэщ яхуохъу. Апхуэдэ цIыхухэм я цIэр тхылъым иттхэ къудейкъым, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм къагъэлъагъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъапIэныгъэхэр: я гуащIэдэкIыр, лэжьыгъэр, Хэкур фIыуэ лъагъуныр, Iуэхум хуэпэжыныр. Абыхэм зыщыщагъэгъуазэкIэ, щIалэгъуалэм пщIэмрэ щIыхьымрэ зищIысыр нэхъыфIу къагуроIуэ, цIыхугъэ къыхахыфу зрагъасэ. 

ЛЪЭМЫЖ ЦIЫКIУМ ДЕЖ

 Илъэс 70 хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ятха усэщ нобэ зи гугъу тщIынур. Ар илъэс 30 дэкIыжри, уэрэд цIэрыIуэ хъуащ. ДэнэкIи кърагъауэу щызэхэпхырт «Лъэмыж цIыкIум деж» уэрэдыр. Зи насып къэкIуэгъуэ пщащэ цIыкIуу абы дэпыхьам и гугъу умыщIыххэ!
 АтIэ сыт и хъыбар апхуэдиз цIыху зытхьэкъуа уэрэдым? «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыным абы и гугъу щищIащ журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ