УкъикIащ, Iэбу Дахдах!Дунейм гууз-лыуз зиIэу тет цIыхухэр зыгъэнэщхъей Iуэхугъуэу иджыхэми къонэ Палестинэм ис цIыхубэр зэрыраукIыхьыр. Ди нэкIэ дымылъэгъуа Урыс-Кавказ зауэр уи нэгум къыщIигъэхьэу, цIыкIуи ини я щIыпIэм ираху, я унэхэр зэтракъутэ, шхын щхьэкIэ зэтолIэ.
А гузэвэгъуэм хэлъхьэныгъэ нэхъ мащIи хуэзыщIыфым и псапэр зэрыиным шэч хэлъкъым, сыту жыпIэмэ, игъащIэ лъандэми цIыхур цIыхуу къэзыгъэнэжыр гущIэгъуращ. Иужьрейуэ къэIуа, фIыкIэ укъэзыгъэуIэбжь хъыбарым дунейпсо цIыхубэм и гур зы ищIам къыщымынэу, муслъымэн тхыдэри къигъэщIэрэщIэжащ. Тыркум щыщ, зи цIэр журналистхэм яжриIэн зымыда щIалэ гуэрым и унэр ищэри, Палестинэм щыщу щIыбым дэс унагъуэхэм шатыри 150-рэ къахуищэхуащ. НэщI мазэм апхуэдэ зэфIэкI къызыкъуэзыха лIым «Iэбу Дахдах» щIыфIащар апхуэдэ дыдэу псэ хьэлэлкIэ зи мылъкур псапэм щIэзыта щэхьабэр ягу къигъэкIыжати аращ. Дэри тырку щIалэр ди щхьэусыгъуэу а хъыбар дахэм зыщыдгъэгъуэзэнщ.
Зэгуэрым Бегъымбар лъапIэу Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар щэхьабэхэм я гъусэу щыст. ЩIалэ гуэр къыщIыхьэри зыкъыхуигъэзащ: «Уа Алыхьым и ЛIыкIуэ! Си хадэм бжыхь есщIэкIыну щIэздзати, си гъунэгъум и хъурмейм сигъакIуэркъым. Жыгыр къызэт жысIэри селъэIуати, идакъым. НтIэ, къызэщэ жесIати, ари идэркъым». Арати, ЛIыкIуэ лъапIэм гъунэгъур къашэну унафэ ищIащ. Ар къызэрашэу, щэлатымрэ сэламымрэ зэхар и щхьэкIэ елъэIуащ и хъурмейр щIалэм иритыну е ирищэну. Мобы идакъым. «НтIэ, сэ къызэщэ уи хъурмейри, Жэнэтым хъурмей къыщыпIэрыхьэжынщ, илъэсищэкIэ и жьауэм ущIэту узекIуэн хуэдизу ину». А псалъэухам зи гур къигъэшэхыщIа щэхьабэхэр къаша гъунэгъум ехъуэпсат уеблэмэ, арщхьэкIэ езым дунеягъэр къытекIуэри идакъым.
Абдежым Iэбу Дахдах зи цIэ щIалэр къабгъэдыхьэщ, ЛIыкIуэ лъапIэм зыхуигъазэри еупщIащ: «А хъурмейр сэ къэсщэхурэ мо щIалэ зеиншэм естмэ, сэри Жэнэтым апхуэдэ хъурмей къыщызатыну?». «НтIэ», - къыжриIэжащ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам. Iэбу Дахдах щIалэм и гъунэгъум зыхуигъазэри еупщIащ: «Си хадэр пцIыхурэ?». «СоцIыху, дауи! Мадинэ къалэм зыгуэр дэс Iэбу Дахдах и хадэр имыцIыхуу? Уэ хъурмей 600, унэшхуэ, псыфI зэрыт псыкъуий уиIэщ, Мадинэ щыщ дэтхэнэ сатуущIри мэныкъуакъуэ адрей псом нэхърэ нэхъыфI уи хъурмэхэр зэригъэкIуэкIыну», - къыжриIащ. «НтIэ, а уи хъурмей закъуэр къызэщи, си хадэри, си унэри, си псыкъуийри къащтэ», - жриIащ абы Iэбу Дахдах.
ЩIалэ зеиншэм и гъунэгъур егъэлеяуэ къэуIэбжьат: цIыху губзыгъэм зы хъурмей закъуэ къищэхуну абы и пIэкIэ хъурмей 600, унэ, псыкъуий ириту? Зэхихыр и фIэщ мыхъуу, ар ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам еплъащ. Ари арэзы хъуащ лъэныкъуитIыр зэрызэгурыIуамкIэ, щэхьабэхэри щыхьэту къэуващ.
Абдежым Iэбу Дахдах гуфIэу ЛIыкIуэ лъапIэм зыхуегъазэри йоупщI: «Иджы сэри Жэнэтым хъурмей жыг щызиIэну?». «Хьэуэ», - къыжреIэж Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам. Iэбу Дахдах и фэр пыкIащ. АрщхьэкIэ ЛIыкIуэ лъапIэм пищащ: «Уи хьэлэлагъым къыпэкIуэу, Алыхьталэм Жэнэтым хъурмей хадэхэр щыпхухисащ, жыгыу ярытым и бжыгъэр пхуэмыбжыну. Я къудамэхэр хьэлъэу иришэхыу, сыт хуэдиз хъурмей щиIэ Iэбу Дахдах Жэнэтым!». А псалъэухар ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къытригъазэурэ зыбжанэрэ жиIа нэужь, щэхьабэхэм ящыщ дэтхэнэ зыри щIэхъуэпсат Iэбу Дахдах и пIэм къихутэну. Езыр унэм кIуэжа нэужь, и щхьэгъусэм еджэри унэм къыщIишащ. «Унэри, хадэри, псыкъуийри сщащ», - жреIэ цIыхубзым. И щхьэгъусэр зэрыIущым икIи зэрысатуущI Iэзэм шэч къытезымыхьэ нысащIэри гуфIащ, сыт хуэдиз къыщIэпхар жыхуиIэу. Iэбу Дахдахи къыпищащ: «Жэнэтым къыщыслъысыжыну хъурмейкIэ къэсхъуэжащ ахэр». Арати, Iиман зыбгъэдэлъ и щхьэгъусэр нэхъеижитIу гуфIэри жэуап къритыжащ: «УкъикIащ, Iэбу Дахдах! Ауэ сытми укъикIа!».
Ахэр дигу къэзыгъэкIыжа «иджырей Iэбу Дахдахри» ахърэт хадэкIэ Алыхьым игъэгуфIи, абы зызыщIигъэкъуа тхьэмыщкIэхэми яригъэIуэтэж.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|