Щэнхабзэ

Кхъуейжьапхъэ

Шыуаным псы щIыIэ иракIэ, япщэфIыну къагъэхьэзыра шатэм и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр шыуаным иракIэри, дакъикъэ зы-тIукIэ къагъавэ. Къэнам джэдыкIэ кугъуэ уда хакIэ, зэIащIэурэ гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэ, а псори шыуаным ит шатэ къэкъуалъэм хакIэ, зэIащIэурэ дакъикъи 5-8-кIэ хьэкум трагъэтщ. Абы и ужькIэ тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта кхъуей цIынэ гъэтэджа мышыур хакIутэ, псы щIыIэ тIэкIукIэ зэхэщIа шыгъушыпс хакIэ, шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу къагъанэри, дакъикъи 10-12-кIэ, тхъу къыщIидзыху, мафIэ цIыкIум тету къагъавэ.

Лэкъум

Шху гуащIэм шыгъу, джэдыкIэ цIынэ, содэ, фошыгъу, сэхуран дагъэ халъхьэ, мафIэм трагъэувэри зэIащIэурэ и хуабагъыр градус 35-рэ хъуху трагъэт, содэмрэ фошыгъумрэ ягъэткIуху. Шху хуэбар гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам хакIэри, тхьэв япщ, хъыдан трапхъуэри хуабапIэм щагъэтщ дакъикъэ 20-30-кIэ. ИтIанэ Iэнэмрэ хупхъэмрэ сэхуран дагъэ щахуэ, тхьэвыр мм 3-4 и Iувагъыу хупхъэкIэ яхури сэкIэ зэпаупщI. Лэкъумыр сэхуран дагъэкIи тхъукIи бгъажьэ мэхъу. Тхьэв зэпыгъэжар фIыуэ къэплъа дагъэм халъхьэри тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Лэкъумыр щабэу, пIэрэпIэщэжу щытын хуейщ. Шатэ, фо, шей щIыгъуу хуабэу яшх.

ЩIакхъуэ зэтеупIэщIыкI

Гуэдз хьэжыгъэ хужьыр пIинэу Iэнэм траухуанщIэ, и кур къратхъу. Шхум фошыгъу, шыгъу, содэ, сэхуран дагъэ, джэдыкIэ уда халъхьэри, фошыгъур ткIуху псори зэхагъэзэрыхь, ар хьэжыгъэм хуащIа кумбым иракIэри тхьэвыр япщ. Тхьэвыр кIыхьу ягъэджэрэзри, Iыхьэурэ зэпаупщI, ахэр хупхъэкIэ пIащIэу яху, мм 1,5-2 я Iувагъыу. Адрейхэм нэхърэ нэхъ ину зы тхьэв Iыхьэ яху, Iэнэм тхъу щахуэри ар тралъхьэ. Абы тхъу щахуэ, фошыгъуи трагъэщащэ. Тхьэв яхуа псоми я зэхуакум тхъу щахуэм, фошыгъу дагъэлъалъэурэ лъагэу зэтралъхьэ.

Адыгэ шхыныгъуэхэр Пасэрей хугу пIастэ

Псы къэкъуалъэм хугу лъэсар хакIутэ, зэIащIэри и щхьэм къыдрихьеяр чымчыркIэ къытрах, мафIэр цIыкIу ящIри шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 15-16-кIэ ягъавэ псыр щIэвэщIэху. ИтIанэ пIастэр мафIэм тету бэлагъкIэ дакъикъи 8-10-кIэ япщ. ПIастэр щIимысыкIын щхьэкIэ, шыуан лъащIэм бэлагъкIэ щIоIэбэри, хугу гъущэ къабзэ тIэкIу кIэщIакIутэ. Абы пIастэм мэ дахэ къыхрегъэх.

Лъэужь дахэ къэзыгъэна

Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъэгъуащ «Урысей 1» къэрал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыра «Предопределение» документальнэ фильмыр. Ар теухуащ республикэм и профессиональнэ музыкэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, лъэпкъ макъамэм и классик, Балэ Мухьэдин и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ композитор цIэрыIуэр къызэралъхурэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

Урысейпсо утыкум ехъулIэныгъэ къыщахь

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым щокIуэкI «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэпеуэр. Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ къызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэм и иужьрей зэпеуэр иджыблагъэ Москва щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди республикэм и лIыкIуэхэри - Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщхэу Жылаухэ Арсенрэ Лёлярэ я унагъуэ дахэр.

ЦIыху жыджэрхэр

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм щыIэ къэрал къулыкъущIапIэхэм, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ IэнатIэхэм, хьэрычэт лэжьыгъэм хэт, апхуэдэуи фейдэ къегъэщIыным пыщIа IуэхущIапIэхэм щылэжьэфынухэр къыхэхын папщIэ къызэрагъэпэщ икIи ирагъэкIуэкI «ЦIыху жыджэрхэм я еджапIэ» проектыр. Абы хэтыну ирагъэблагъэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыпсэу, зи ныбжьыр илъэс 18 - 30-хэм ит IэщIагъэлIхэр, студентхэр.

«Къру хужь цIыкIухэр»

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым бжьыхьэ къэс щокIуэкI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ, «Урысейм и къру хужь цIыкIухэр» фIэщыгъэр иIэу. Уэрэд жыIэным, къэфэным, лъэпкъ IуэрыIуатэр джыным дахьэх сабий гупхэм я мыгъэрей зэхьэзэхуэм хэтащ ди республикэм икIа ныбжьыщIэхэри. Хэтам и мызакъуэу, ехъулIэныгъэфIхэр къыщахьащ.

Театреплъхэр дэзыхьэх ХьэхъупащIэ ФатIимэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур зыгъэбжьыфIэ, теплъэ зэкIужым къыдэкIуэу, зэфIэкIкIи Тхьэр зыхуэупса, хьэл-щэн дахэхэр зыдэплъагъу, зи  анэдэлъхубзэр зи псэм хэлъ, ар дэнэ утыкуи екIуу щызыгъэIу ХьэхъупащIэ ФатIимэ ди республикэм къищынэмыщIауэ, гъунэгъу щIыналъэхэми, Тыркум щыпсэу адыгэхэми къацIыхуа артисткэщ.

Былым тхьэмщIыгъуныбэ

КIэтIий гъумыр хуабэ щIыкIэ зэрагъэдзэкIри, псы хуабэкIэ ялъэс. ИтIанэ псывэм шыгъу хадзэри, кIэтIийр абы халъхьэ, къыхахыжри сэкIэ ятхъунщIурэ къабзэ хъуху ялъэс.
ТхьэмщIыгъур ятхьэщI, псыр кIэрагъэж, тIэкIу ягъэжэпхъ е хъыдан къабзэкIэ псыр кIэралъэщIыкI. ИтIанэ тхьэмщIыгъу гъэкъэбзар сэкIэ Iыхьэ-Iыхьэурэ, пIащэшхуэурэ зэтрагъэж (г 200 - 300), ар бэлагъкIэ яущэб, хуэпIащIэ хъухукIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ