Щэнхабзэ

«Адыгэ идэ»

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм гъэ кIуам и кIэуххэм дунейм къыщытехьа «Адыгэ идэ» тхылъыр а илъэсым лъэпкъ гъуазджэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъыфIхэм ящыщщ.

Пащт-Хъан Алим и зэфIэкIхэр

КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ­ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дыщэ, дыжьын медалхэр зыхуагъэфэща Пащт-Хъан Алим и творчествэр фIыуэ зылъагъухэм иджыблагъэ щаIущIащ Налшык дэт «Акрополь» IуэхущIапIэм.

Илъэс пщыкIутху зи кIыхьагъ гъуэгуанэ

Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм щагъэлъэпIащ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школыр къызэрызэIуахрэ илъэс 15 зэрырикъур.

Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Дызэрыт илъэсым, накъыгъэм и 22-м, Израиль къэралыгъуэм щыхьэщIащ США-м и президент Трамп Дональд. Ар яхуэзащ щIыпIэхэм, лъэпкъ ­мащIэхэм я унафэщIхэм. Сурэтым щыволъагъу Кфар-Камэ ­къуажэм и Iэтащхьэ Напсо Зухьеррэ Трамп Дональдрэ щызэIущIар.

Лъэпкъым и бын бгъэсэнумэ

Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм хуэ­лажьэ зэщхьэгъусэхэу Шал Хъусенрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ хэт зымы­цIыхур?! Хъусен и адыгэ уэрэдхэр, урысыбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ жиIэ­хэр цIыхубэм дзапэ яхуэхъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым.

ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ, Куржым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и урыс къудамэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа, псори фIы дыдэу дызыщыгъуазэ «Уафэгъуа­гъуэ макъ» («Громовый гул») повес­тымрэ «Поиски Богов» (зэкIэ адыгэбзэкIэ зэрадзэкIакъым) тхы­дэ романымрэ зи къалэмыпэм къыщIэкIа Лохвицкий (Аджыкъу-Джэрий) Михаилрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщ­хьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ зэры

Япэ адыгэ мюзиклыр - «Нартхэ я дыгъэ»

Налшык и Музыкэ театрым нэгъабэ щагъэлъэгъуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Iу­тIыж Борис и драмэ-поэмэм къыт­ра­щIыкIа «Нартхэ я дыгъэ» япэ адыгэ мюзиклыр. Ар ягъэуват тхакIуэ щэджащэр къызэралъхурэ илъэс 76-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

«ЛIэныгъэмрэ псэуныгъэмрэ зэпызыщIэ вагъуэ»

Адыгэм нэщэнэ иIэщ: махуэ плIыщI фIэкIа псэуну къызыхуэмынэжа цIыхум и нэ вагъуэр имылъагъужу. Ауэ хэт ар зигу къэкIыу и нэ вагъуэр илъагъу-имылъагъу махуэ къэс зэхэзыгъэкIыр?! ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм куэдыр щощтэ, апхуэдэ гупсысэм зыпыIуадз, гъунэгъу зыхуащIын мэшынэ. Ауэ! ЛIэныгъэм емыгупсысыр езыр абы гъэру иIыгъхэрщ. Гува-щIэхами лIэныгъэр дэтхэнэми къызэрытщIэлъым арэзы техъуарщ хуиту псэур! Философ гуэрым жиIащ «Философие гупсысэ уи­Iэныр - лIэныгъэм зебгъэсэнырщ». Пэжуи, гъащIэри лIэныгъэри и гупсысэм къизыгъэзэгъэфырщ философ нэсыр. Уса­кIуэр-щэ?!

И плъапIэмрэ и гурыщIэмрэ гъунэншэщ

Дунейпсо литературэм и «губгъуэшхуэм» уи вагъэбдзумэ щыпхыпшыныр, дунейпсо усыгъэм и уафэгум зыми емыхь уи вагъуэ щыпыбгъэнэныр Iуэху джэгукъым. Уеблэмэ ар зэхэгъэкIыпIэ нэхъ ткIий дыдэхэм ящыщщ. Апхуэдэу щытми, къалэмыр Iэпэгъу зыхуэхъуахэм яхэту къыщIэкIынкъым а къалэн гугъум, мащIэ-куэдми, зыгуэркIэ пэлъэщыну къимыгъэгугъэ. Арыншамэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ущIэтхэни щыIэкъым. АрщхьэкIэ усэ зытх псори усакIуэкъым.

ХамэщІым щыужьыха вагъуэ Шыгъэлыгъуэ (Окай) Мерал

Щикъухьащ  адыгэр  дунеижьым

Шыгъэлыгъуэ Мерал 1959 гъэм фокIадэм и 20-м Тыркум - Анкара къалэм - къыщалъхуащ. Тыркудзэм и полковникыу тIысыжа и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта дызэрыт зэманым фирмэ гуэрхэм я чэнджэщэгъуу мэлажьэ,

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ