Щэнхабзэ

Усыгъэм дихьэххэм папщIэ

Гу  зылъытапхъэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм литературэ пшыхь дахэхэр щокIуэкI «Библио­ночь-2019» фIащауэ. Абы щыщщ «Дуней псор - театрщ» гупсысэр мы гъэм лъабжьэ зыхуащIахэри.

Лъэпкъыбзэм и кIыщ

Бзэр лъэпкъым и мэIуху нэхъыщхьэщ, ар цIыхум и гулъащIэм щигъафIэ, псэр хьэ­щыкъ зыщI, гъуазэ, хъуэпсапIэ телъыджэхэр къы­зэригъэщI Iэмэпсымэщ. Ар щIыуэпсым къыпкъ­рыкI гурыщIэщ, макъамэ щхьэхуэурэ пасэрей цIыхухэм ягъэпсар къащIэхъуэ щIэб­лэхэм зэIэпахыурэ ди деж къахьэсауэ. Абы и пэжагъыр къегъэлъагъуэ щIыуэпсым и макъ псоми дежьууф адыгэбзэм. Дунейм зыры­зыххэщ лъэпкъыу тетыр, адыгэхэм хуэдэу, я бзэм и макъхэр хэмыщIIауэ ихъумэфауэ.

Абджыпсым хуэIэзэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ къыщызэIуахащ Ингуш Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Батаев Михаил и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум теухуа гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.

Гъуэгуанэ купщIафIэ

Май район

Май къалэм  дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ щIыналъэ сабий библиотекэр къызэрызэIуахрэ илъэс 70 зэрырикъур.

Адыгэ эстрадэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Жырыкъ Заур

ДифI догъэлъапIэ

 Илъэс 13-м иту макъамэ зэхэлъхьэн щIэзы­дза Жырыкъ Заур адыгэ эстрадэ уэрэдым и ­лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщу къалъы-тэ. Япэ профессиональнэ уэрэдыр абы и ныбжьыр илъэс 15 фIэкIа мыхъуауэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Талантыр щыиным деж псынэ уэрым хуэдэщи, щIы щIагъым хуэмыгъэпщкIуу къыпхеуд.

Куэцэ Пщымахуэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм мэлыжьыхьым и 9-м зэIущIэ хьэлэмэт щекIуэкIащ. Ар теухуат Кавказ Ищхъэрэм и жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Куэцэ Пщымахуэ къызэралъхурэ илъэси 135-рэ щрикъум. Пшыхьыр къызэригъэпэщащ библиотекэм и лэжьакIуэ Безыр Ленэ.

ЩIэупщIэ зэриIэнум шэч хэлъкъым

УФ-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Минги Тау» журналым прозэмкIэ и къудамэм и унафэщI, зи тхыгъэхэр курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щадж Шаваев Хьэсэн и «Волны жизни» тхылъыр иджы дыдэ къыдэкIащ.

Щэнхабзэм цIыхухэр зэпещIэ

Гъатхэпэм и 25-26-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щекIуэкIащ «Нальчик-подкова счастья» фIэщыгъэм щIэту Арткомитетым къызэригъэпэща еханэ дунейпсо зэпеуэ. Ар хуэгъэпсат лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэным, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, ди республикэр Урысей Федерацэм, хамэ къэралхэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыщегъэцIыхуным.

КъызыхэкIа и лъэпкъым зэрызыкъиужьыжар и лъабжьэу

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, ХудожествэхэмкIэ дунейпсо академием хэт, скульптор, сурэтыщI Ахматов Леуан и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ абы и ныбжьыр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу.

Гъуазджэр зи гъащIэ гъусэ

Театрым и илъэс-2019

Зэкъуэш республикэхэм я зэдэлэжьэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ нэхъри ягъэбыдэн, я зэпыщIэныгъэм псэщIэ халъхьэжын мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Кlуэкlуэ Казбекрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и lэтащхьэ Темрезов Рашидрэ зэгурыlуэныгъэм lэ щlадзащ 2019 гъэр хэгъэгухэм я илъэсу щlыналъитlым зэрыщагъэувымкlэ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ