«Къру хужь цIыкIухэр»Хабзэ хъуауэ, ди къэралым бжьыхьэ къэс щокIуэкI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ, «Урысейм и къру хужь цIыкIухэр» фIэщыгъэр иIэу. Уэрэд жыIэным, къэфэным, лъэпкъ IуэрыIуатэр джыным дахьэх сабий гупхэм я мыгъэрей зэхьэзэхуэм хэтащ ди республикэм икIа ныбжьыщIэхэри. Хэтам и мызакъуэу, ехъулIэныгъэфIхэр къыщахьащ. «Урысейм и къру хужь цIыкIухэр» проектыр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным къэрал IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я нэIэ трагъэтщ. Ар ирагъэкIуэкI УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, Къэрал Думэм, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, Москва къалэ ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм я арэзыныгъэ хэлъу, ахэр я щIэгъэкъуэну. Зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнырщ, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр наIуэ къэщIы-нырщ, абыхэм ядэлэжьэнырщ.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 12:24 →
«Дакъикъэ ныкъуэ»
12.10.2026 - 12:21 →
Кавказыр я зэхуэзапIэ мэхъу
09.10.2026 - 13:28 →
Утыкум къыхуигъэщIа артисткэ
08.10.2026 - 12:26 →
Хэт тыгъэр зыхуэфащэр?
08.10.2026 - 09:58 →
Лъэпкъ щэнхабзэр япэкIэ зыгъэкIуэтахэр
| ||




