Махуэгъэпс

И IэдакъэщIэкIхэм щыщхэр

Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ. Пьесэ. Налшык, 1940 гъэ
Уэращ зи фIыщIэр. Хуумыгъэгъу. Зыщумыгъэгъупщэ. Усэхэр. Налшык, 1945 гъэ
Нартхэр. Къэбэрдей эпос. (Бэдынокъуэрэ Мэлычыпхъурэ я циклхэр). Налшык. 1951 гъэ
Къэбэрдей цIыхубэ уэрэдыжьхэр. Налшык, 1955 гъэ
Хъуэжэ. Пьесэ. Налшык, 1956 гъэ
Нэгумэ Шорэ. Адыгэ народым и тхыдэ. (АдыгэбзэкIэ зэридзэкIащ). Налшык, 1958 гъэ
Мыщэ шу. Сабийхэм папщIэ рассказхэр. Налшык, 1958 гъэ
Дыщэ кIанэ. Адыгэ таурыхъхэр. Налшык, 1959 гъэ
Къэжэр Индрис и уэрэдхэр. Налшык, 1959 гъэ

Адыгэ щэнхабзэм и тхьэмадэ

У-адыгэм, уемызэшу,
ЖыIэ и цIэр Зырамыку,
Езыр псэкIэ хуэлэжьащи
КъимыкIуэту ар ди Хэку.

Фашистышэм къезымыкуу
КъэкIуэжауэ Зырамыку,
Зыми зыкIи зырамыкум
Езыкуфу Зырамыку.

IуэрыIуатэ пхъуантэдэлъхэр
ЗэIубз зыщIу КъардэнгъущI,
Адыгэлъэ здынэсахэм,
Нэсыфауэ КъардэнгъущI.

Уэрэдыжьхэм псэщIэ хилъхьэу
ЖызыIэжу КъардэнгъущI,
Гуащэгъагъхэм жаIа гъыбзэр
Зыгъэжьгъыжьгъыу КъардэнгъущI.

Лейуэ зы псалъэ хэттэкъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Респуб­ликэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку, цIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэ­хьэсы­нымкIэ, адыгэ уэрэ­дыжь­хэр екIуу гъэIунымкIэ зы­хуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрым, куэд дыдэ щы­зэфIигъэкIащ лъэпкъ щэнхабзэр джынымкIэ, ар хъу­мэнымкIэ IэнатIэм. Ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ псор зэрыгуш­хуэу щыта адыгэлI щэджащэу дунейм тетащ ар.

 

Абы и уэрэдхэр тхыдэщ, бзэщ, хабзэщ

Куэд щIауэ соцIыху Зырамыку. ДыкъакIуэмэ, дызэ­хуозэ. Ди насып къихьри, Иорданым нэкIуати, абыи дыщызэбгъэдэсащ, и гушыIэрэ уэрэдрэ жедгъэIэу. Сешамэ е гукъеуэ гуэр сиIэмэ, Зырамыку и уэрэдхэм содаIуэ, лъэпкъым и тхыдэр, и гъащIэр си нэгум щIэкIым хуэдэу. Мыбы сыкъэкIуэжауэ сыщыщыIэм и деж, ма­хуитI-щы нэхъыбэ дэзмыгъэкIыу, сокIуэри сыбгъэдос. Iыхьшыхьу ущIыхьамэ, къэщIэлэжауэ, и макъри ­жьгъыру къэхъужауэ, сэри си псэм зигъэпсэхуауэ сыкъыщIокIыж.

 

ЛIэщIыгъуэм и цIыху

Адыгэм ди гъащIэм зэхъуэ­кIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ: бгъэныщхьэ унэм щIэкIри унэ зэтетхэм Iэпхъуахэщ, фэтыджэн уэздыгъэр электрокъарукIэ яхъуэжащ, пхъэгъэсын жаIэжыркъым - газкIэ мэпщафIэ, дамащхьэкIэ псы къахьыжыркъым, выгу-шыгу зезыхуэу щытахэр «Мерседес»-м итIысхьащ. Телефон, телевизор къызэрыгуэкIхэр зэрамыпэсыжу, жып телефонымрэ спутник телевиденэмрэ зрапщыт, Iэпэ шоты­жьыр ягъэтIылъауэ, компьютер лъэщхэм бгъэдэсщ. Ауэ Iуэхуракъэ, дызыхуэмей гуэрхэри къыздахь, адыгэ хьэл-щэныр ягъэу­жьых, ди анэдэлъхубзэр къытфIызэIащIэ.

 

Щхьэх зымыщIэм и жьауэр

КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми фIыуэ ща­лъагъу КъардэнгъущI Зырамыку илъэс куэд щIауэ щолажьэ щэнхабзэм, мащIи мы IэнатIэм щызэфIигъэкIакъым. Ар икIи щIэ­ныгъэм и гъуэгу мытыншым еш имыIэу ­ирокIуэ. Ар IуэрыIуатэр, уэрэдыжьхэр зэхуэ­хьэсыжынымкIэ, елэжьынымкIэ зы­хуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрщ.

 

Тхьэмадэ Iумахуэ

Лъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зырамыку и гуа­щIэ­дэкIыр - ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Зы­рамыку и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къы­техьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэмрэ нэгъуэщI IуэрыIуа­тэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ купщIафIэ куэд.

 

Адыгэ щэнхабзэм и пхъуантэдэлъ

Дуней псом зы адыгэ тету къыщIэкIынкъым КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зэхэзымыхарэ ар фIыуэ зымылъагъурэ. Зырамыку хуэдэ лIы щэджащэхэр илъэсищэ къэс зэ къызыщIэхъуэ лъэпкъым и насыпщ. Къызыхуалъхуар лъэпкъыр игъэгуфIэну, игъэбжьыфIэну арати, а къалэн лъапIэр гъэзэщIэ­ныр пасэу, щIалэ дыдэу щIэзыдза Зырамыку щIыхуэ къытехуауэ жызыIэфын адыгэ уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум къыдэбгъуэтэну къыщIэкIынкъым.

 

Анэхэм я щIыхькIэ

Анэм быныр зэрилъагъур псыежэхым и кIыхьагъщ, быным анэр зэрилъагъур телъ лъэмыжым и кIыхьагъырщ - жиIащ псалъэжьым.     Анэ хьэкъыр пшыныжыныр гугъуу къыщIэкIынщ, ауэ куэд и уасэщ абы хуэпщI гулъытэмрэ гуапагъэмрэ. Апхуэдэ гупсысэ щIэлъми ярейт иджыблагъэ Налшык къалэм Сабий творчествэмкIэ и «Нарат» IуэхущIапIэм Анэм и махуэм теухуауэ щрагъэкIуэкIа зэхыхьэр.

«Адыгэ псалъэ»-95 Къэралым гулъытэ зыхуищIахэр

ДызыхуэкIуэ 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м илъэс 95-рэ ирикъунущ «Адыгэ псалъэ» газетым къыдэкIын зэрыщIидзэрэ. Абы лъандэрэ гъащIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм декIуу, зыIууэ лъэпощхьэпохэр къызэранэкIыфу къогъуэгурыкIуэ адыгэбзэкIэ ди республикэм къыщыдэкI газет закъуэм и лэжьакIуэхэр. ЦIыхуищэхэм я гуащIэ хэлъщ газетым нобэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм.
Я егугъуныгъэм, жэуаплыныгъэ яхэлъу я IэнатIэхэм зэрыпэрытам папщIэ, газетым и лэжьакIуэ куэдым къратащ къэралым и дамыгъэ лъапIэхэр. Абыхэм ящыщщ мы къыкIэлъыкIуэхэр:

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс