Анэхэм я щIыхькIэАнэм быныр зэрилъагъур псыежэхым и кIыхьагъщ, быным анэр зэрилъагъур телъ лъэмыжым и кIыхьагъырщ - жиIащ псалъэжьым. Анэ хьэкъыр пшыныжыныр гугъуу къыщIэкIынщ, ауэ куэд и уасэщ абы хуэпщI гулъытэмрэ гуапагъэмрэ. Апхуэдэ гупсысэ щIэлъми ярейт иджыблагъэ Налшык къалэм Сабий творчествэмкIэ и «Нарат» IуэхущIапIэм Анэм и махуэм теухуауэ щрагъэкIуэкIа зэхыхьэр. IуэхущIапIэр илъэс 15 хъуауэ мэлажьэри, абы и гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ сыт щыгъуи гулъытэ ин хуащI щIэблэм хабзэ яхэлъхьэным, ахэр нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэхэм хуэгъэсэным. «Нарат»-м сабии 113-рэ мы зэманым йокIуалIэри, абыхэм унэтIыныгъэ 21-кIэ зрагъэужь - бзэхэм хурагъаджэ, къафэ зэмылIэужьыгъуэхэм, пшынэ еуэкIэм, нэгъуэщIхэми хуагъасэ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
02.04.2024 - 13:24 →
Бзухэм я дунейпсо махуэ
21.03.2024 - 10:00 →
Махуи жэщи щызэтехуэ
20.01.2024 - 13:00 →
Нэжэгужагъэщ - узыншагъэщ
15.01.2024 - 17:45 →
Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэ
|