Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку, цIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынымкIэ, адыгэ уэрэдыжьхэр екIуу гъэIунымкIэ зыхуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрым, куэд дыдэ щызэфIигъэкIащ лъэпкъ щэнхабзэр джынымкIэ, ар хъумэнымкIэ IэнатIэм. Ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ псор зэрыгушхуэу щыта адыгэлI щэджащэу дунейм тетащ ар.
ЗЫРАМЫКУ хужамыIа псалъэ къэзгъуэтыну си гугъэу аракъым мы тхыгъэ кIэщIыр стхыну мурад щIэсщIар. Сызыхуейр сэ, журналистым, КъардэнгъущIым и Iуэху бгъэдыхьэкIэу, и хьэл-щэну, и дуней тетыкIэу гу зылъыстамкIэ сывдэгуэшэнырщ.
Сэ сыщылажьэ IэнатIэм хуэдэ пэрыт дэтхэнэми зэрищIэщи, тхакIуэ псори жьэнахуэкъым, псэлъэф псори тхэным хуэIэкIуэлъакIуэкъым. А тIури зэгъэбыдылIауэ зыхэлъ цIыхухэр мащIэ дыдэщ, а закъуэтIакъуэм ящыщт КъардэнгъущI Зырамыку. Итхыр зэрыхъум и IэдакъэщIэкIхэр зылъэгъуа псори щыгъуазэщ, - лэжьыгъэ IуэхукIэ хуеблагъэу ар къэзыгъэпсэлъа дэ и жыIэм мыгурыIуэгъуэ гуэр дыщыхуэзауэ сщIэркъым.
И тхыгъэу газетым къытехуахэм къыпэкIуа ахъшэ мащIэр хуэтхьыжу дыщыкIуэ щыIэт Зырамыку и деж. Абы къыдэкIуэу езым къыдэлэжьахэу, и ныбжьэгъухэу, щэнхабзэм, гъуазджэм и лэжьакIуэу зи махуэр е зи фэеплъыр ягъэлъапIэхэм я гугъу едгъэщIыну делъэIурти, зэи дигъэщIэхъуртэкъым. Къупщхьэуз зыпкърыт лIыжьым и щытыкIэмрэ гукъыдэжымрэ елъытауэ тхэми, «диктофоным трегъатхэ, хъыджэбз» жиIа иужь, дыкъыщалъхуар махуэ зырызу къызыхуэбжыжыну нэхъыжьым баштекъузэкIэ къалэмыр къебгъэщтэнт?! Сэ сыкъапщтэмэ, апхуэдэу жиIэр диктофоным зэрытрезгъэтхар нэхъыбэщ.
Зытх куэдым нэхърэ нэхъ гугъэзэгъэгъуэт Зырамыку и псалъэр къытептхыкIыжыну: лейуэ зы псалъэ хэттэкъым, зэблэгъэувыкIын хуэмейIауэ гъэхуат, зэпсалъэм и лэжьыгъэми, газетым и зэхэлъыкIэ-зэхэгъэувэкIэми фIыуэ зэрыхищIыкIыр IупщIу.
И адыгэбзэр-щэ?! Жьы хъуа псалъэхэмрэ яIэщIэхужыпэным нэсахэмкIэ къулейуэ къызэрытIэпIыкI и бзэр псыIэрышэм хуэдэу шкIуэрашкIуэрти, псалъэ гугъусыгъуу къыпщыхъухэм зыкIи хьэлъэ ящIыртэкъым. ЖыпIэнуракъэ, уи анэдэлъхубзэм уи щхьэр лъагэу ириплъагъужынумэ, урипэгэнумэ, Зырамыку и псэлъэкIэр урикъунут.
И уэрэд жыIэкIэмрэ лэжьыгъэу игъэшамрэ ялъысын хуей гулъытэм и гугъу сщIыххэнкъыми, Зырамыку и бзэр къызыгурыIуэн, и псалъэр зыхъумэфын, пщIэ хуэзыщIыфын куэд ди лъэпкъым Тхьэм къыхигъэкI.
Сурэтым: КъардэнгъущIхэ я унагъуэр. Зырамыку лъахъшэу щысщ. Псыгуэнсу къуажэ, 1924 гъэ