1828 гъэ: адыгэхэр зэкъуачПащтыхь къэралыгъуэжьым адыгэ щIыналъэхэр зэкъуичын щыщIидза лъэхъэнэр илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зы Iыхьэщ. А Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъуауэ тхыдэдж-хэм къалъытэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кучук-Кайнаджир мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэращ. Абдежым къыщегъэжьауэ, Псыжь (Кубань) и ижьырабгъу лъэныкъуэр Урысейм, адрыщIымкIэ щыIэ щIы Iыхьэхэр (КIахэ Адыгэр, Абазэр, Убыхыр), хы ФIыцIэм нэсыху, Тыркум IэщIэлъу къызэдалъытэным хуэгъэза дэфтэрым къэралитIым я лIыкIуэхэм Iэ зэдыщIадзащ, абыкIэ езы бгырысхэм емыупщIыххауэ. ГущIэгъуншэ теуэт Бгырысхэм закъыпигъэщхьэхукIыу, урыс пащтыхьыдзэм къригъэувэкIа «Кавказ линием» и тепщэу 1828 - 1829 гъэхэм щытар генерал Эммануэль Георгийщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1828 гъэм Тыркумрэ Урысеймрэ аргуэру зэпэщIэу-ващ икIи зауэм зэрыхэшащ. А Iуэхугъуэм аргуэрыжьу хьэзаб тIуащIэм хидзащ Псыхуабэ пэмыжыжьэу къэбэрдеищIым а илъэсхэми иджыри къинауэ иса адыгэхэмрэ абазэхэмрэ, «шэми сес, шхуми сес» зэрыжаIэу, я щхьэр зыхуагъэщхъынур, е, нэгъуэщI мыхъуми, зызыдрагъэкIунур къахуэмыщIэу утыку къызэринам къыхэкIыу. Абыхэм Псыжь адрыщIкIэ къыщыхута я лъэпкъэгъухэми пыщIэныгъэ хуаIэн хуей хъурт, я благъэт, я Iыхьлыти, Къэбэрдейм и тепщэу къэу-ва урысхэми зыдамыгъэшу хъуртэкъым. Къахудэмычыжа хьэлэ Полковник Канивальский Михаил и IэмыщIэ иралъхьа дзэр 1828 гъэм фокIадэм и 10-м пшапэ зэхэуэгъуэм иришажьэри, Тебэрды псыхъуэм дэс абазэ жылэшхуитIым я деж нэхущым нишэсащ. Жьанэ къыдэкIыпIэм ищхъэрэкIэ къыщылъ губгъуэм гъатхасэу траса хур къезыхьэлIэжыну къежьа бгырысхэм зэуэзэпсэу яхэлъадэри, къапэувахэм ящыщ куэд яукIащ, гъавэу зыщыгугъ тIэкIури Iисраф зэтращIащ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2024 - 15:00 →
Колле и тхыгъэхэр ди тегъэщIапIэу
28.11.2024 - 10:00 →
И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ
21.11.2024 - 16:30 →
Лъэпкъым зэрызиузэщIам щыщ
16.11.2024 - 16:52 →
Керенскэм и хъыринэхэр
13.11.2024 - 15:54 →
«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ
|