Хэку лъагъуныгъэм и дамыгъэ

1830 гъэм дунейм къытехьа Адыгэ республикэм и ныпым теухуауэ зэдауэ куэд зэрыщыIэм къыхэкIыу, абы и тхыдэм гулъытэ хурикъуу сытепсэлъыхьыну сыхуейт.
Зымахуэ интернет сайтхэм языхэзым адыгэ бэракъым и гугъу зыщI тхыгъэ сыщрихьэлIащ. 1830 гъэм утыку кърахьа, вагъуэ 12-рэ шабзищрэ зытещIыхьа Адыгэ республикэм и къэрал дамыгъэр Хэку зауэшхуэм и зэманым зэрыпхъуакIуэхэм я лъэныкъуэр къэзыщта епцIыжакIуэхэм яIэщIэлъа хуэдэу жеIэ ар зытхам. Пхэнжу, тегъэщIапIэншэу утыку кърахьа лэжьыгъэр интернетым зэрыщызэбгрыкIым нэмыщI, ди лъэпкъ дамыгъэм и тхыдэр пцIыуэ къигъэлъэгъуэным зыгуэрым мурад зэрыхуищIар наIуэщ.

Мы ныпыр хэIущIыIу зэрыхъурэ куэд щIакъым. Сэ япэ дыдэ ар къыщыслъэгъуар 1980 гъэрщ. Лъэпкъым гукъыдэжыщIэхэр къызыкъуихын щыщIидза бгъущI гъэхэм Адыгэ Хасэм и унафэщI къалэнхэр си пщэм къыдалъхьэну жэрдэм щащIым, ар пщIэуэ къэслъытэри, арэзы сыхъуат. КъысIэрыхьа къалэнхэм япкъ иткIэ, адыгэхэм я дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр зэфIэдгъэувэжын, абы и тхыдэри нэгъэсауэ дджын хуейт.
Дэ дыщыгъуазэщ адыгэ лIакъуэ псоми щхьэж и нып иIэжу зэрыщытам. Нысашэхэм благъэ зэхуэхъу лъэпкъитIым я дамыгъэхэр уагъэ плъыжькIэ къэдыхьа нып хужьым тету къыщрахьэкIыу щытащ. Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ мамлюк сулътIанхэм зэрахьэу щыта бэракъхэри, Маркс Карл зытетхыхьа, «бегъымбар лъапIэм и нып» зыфIаща, мэжэр дзэпщ Бандья тхьэ зытриIукIари. Ар маисэ, вагъуэ, мазэ ныкъуэ зытет нып удзыфэт. I926 гъэм Тбилиси дэт музейм кърахыжауэ пасэрей шапсыгъ ныпи щыIэщ. Дэтхэнэрат абыхэм къахэпхынур, мыращ нып пэжыр жыпIэу?!
Iуэхур щызэхэкIар Мейкъуапэщ. Зэгуэр а къалэм щызэхыхьа Хасэм и зэхуэсхэм я зым Тыркумрэ Щамымрэ адыгэ Iуэхум зыкъыщиужьыным лэжьыгъэшхуэ езыхьэлIа Биданокъуэ Нихьэт къэкIуат. Ар езыр Налшык щыпсэурт а зэманым. Арати, махуэ гуэрым Нихьэт си деж зэрыщыхьэщIэр зэхэзыха ХьэдэгъэлI Аскэр дрегъэблагъэ.
ХьэдэгъэлIхэ игъащIэми хьэщIэхуэфIтэкъэ?! Куэдым дыщытепсэлъыхьащ Аскэр и хьэщIэщым, псом хуэмыдэу, съезд екIуэкIам. Асыхьэтым бысымыр щIокIри, тхылъ гуэр иIыгъыу къыщIохьэж: «Спенсер Эдмонд. I830 гъэ. Лондон». Зэтесхмэ, слъагъур сыт? Япэу къызэIупх напэкIуэцIым нып зыкъизых итщ, ари щхъуэкIэплъыкIэу. Нихьэд сэрэ депхъуэри сурэтым кIэщIэтхам дыкъеджэн щIэддзащ. Жыжьэ нэмыс ди инджылызыбзэмкIи гугъутэкъым ар къыбгурыIуэну: «1830 гъэ, адыгэпщ зэгухьахэм я нып». Ди гуфIэгъуэм щIэи гъуни иIэтэкъым.
ХьэдэгъэлIым жеIэ: «Адыгэ псоми я ныпращ ар. Япэм абы утепсэлъыхьыну шынагъуэт. Нобэр къыздэсым щэхуу сохъумэ. Иджыпстуи нэхъ щIагъуэкъым Iуэхур, ауэ, шынагъуэ-мышынагъуэми, аращ ди дамыгъэр».
 Аскэр, куэдрэ сызримыгъэлъэIуу, тхылъыр къызита нэужь, Хьэхъу Маринэ абы ныпым и линогравюрэ (линолеумым тещIыхьа сурэт) игъэхьэзыращ. Апхуэдэу 70 зэрызэдгъэпэщу, ныпым Спенсер Эдмунд къиIуэтэж хъыбарыр дэщIыдгъури, КъБР-м, КъШР-м, хыIуфэIус шапсыгъхэмрэ хамэ къэрал ис адыгэхэмрэ яхузэбгредгъэхащ. Апхуэдэу щIидзэжащ адыгэ ныпым и гъащIэщIэм.
    Азие ЦIыкIум и тхыдэм епха лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зыпщIмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу XIX лIэщIыгъуэм зэфIагъэувэжа адыгэ бэракъыр хьэт дамыгъэхэм къызэрытращIыкIар. Гъуаплъэм, домбеякъым, дыщэм къыхэщIыкIауэ хъурейрэ хъару щыт хьэт ныпхэр ди лъэхъэнэм илъэс минищ ипэкIэ Алэдж-Къэикъуэ щIыпIэм и щэнхабзэм ущрохьэлIэ. Археологхэм абы и къежьапIэр Ищхъэрэ-КхъухьэпIэ Кавказым, Мейкъуапэ щэнхабзэм ирапх. Абдежи къыщымынэу, Хьэт къэралыгъуэм къыщIэнащ дыгъэм ещхьу хъурей герб хъарыри. Ахэрауэ хуэбгъэфащэ хъунущ XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм лъэпкъ ныпыр къыщагупсым я нэгу щIэтар. Ди зэманым къэмысауэ щытми, абыхэм я ужь къиува гуэрхэри щапхъэу яIауэ къыщIэкIынущ.
    Адыгэхэмрэ хьэтхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм я гугъу щыпщIкIэ, шэрджэсхэр Азие Гупэми, КхъухьэпIэми быдэу зэрепхам и гугъу щIын хуейщ. Псалъэм папщIэ, Мысырми, Палестинэми ди лъэпкъэгъухэм я лъэужь ущрохьэлIэ. Иерусалим къалэм мысыр сулътIан шэрджэс Къаит-бей иухуа мыдрисэ щызагъэлъэгъуащ. Ар «Iэл-Акса» мэжджыт цIэрыIуэм хэтщ. Мыдрисэ щIыхьэпIэр адыгэ дамыгъэхэр уигу къэзыгъэкIыж тхыпхъэхэм ягъэщIэращIэ.
    Иорданием щыщ ди лъэпкъэгъухэм щыгъуазэ сащIащ муслъымэн щэнхабзэм мазэ ныкъуэр дамыгъэ зэрыхуэхъуа щIыкIэм. ЗэраIуэтэжымкIэ, зэгуэр шэрджэс мысыр сулътIан Къанщауэ Гъур жэщ мазэгъуэу шатырэм къыщIэкIати, уафэгум ит мазэ дыжьыныфэм гу лъитащ. ЗекIуэм къикIыжа нэужь, абы и уэзирхэм захуигъэзащ, сулътIан башым хэщIыхьа щхьитI зыфIэт бгъэм и пIэкIэ, мазэ ныкъуэ трезгъэщIыхь хъунукъэ, жиIэри. СулътIаным и гукъыдэжыр занщIэу ягъэзащIэри, мазэ ныкъуэр муслъымэн дамыгъэу зэрахьэн щIадзащ.
    Адыгэ ныпым деж къэдгъэзэжмэ, къыхэгъэщыпхъэу къыдолъытэ ар адыгэ зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэ нэхъыщхьэу зэрыщытым нэмыщI, Адыгейм и къэралыгъуэ дамыгъи зэрыхъуам. Ар пхыдгъэкIыныр тыншу къызэрыдэмыхъулIари, къытпэува куэдым дапэщIэтын хуей зэрыхъуари къыжыIапхъэщ. Тхыдэм и кIыхьагъкIэ лъэпкъым зэрихьа ныпыр къыщаIэтыж куэдрэ къохъу. Урысейм, псалъэм папщIэ, фищу зэхэлъ и лъэпкъ ныпыр къызытращIыкIыжар Пётр Езанэм и зэманым, I697 гъэм Мэзкуу пащтыхьым зэрихьэу щытарщ.
    Дызэрыт илъэсым мэлыжьыхьым и 25-м адыгэхэм я лъэпкъ дамыгъэм и махуэшхуэр илъэси 180-рэ зэрырикъур ягъэлъэпIащ. Ар бэнэныгъэм и дамыгъэщ, абы дигу къегъэкIыж зэпыт Хэкум и хуитыныгъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зыри зэрыщымыIэр.
    Кавказыр абы щыпсэу лъэпкъ псоми ди унэщ. Дауэ нобэ адыгэхэр, абазэхэр, урысхэр, вайнаххэр, дагъыстэнхэр, къэрэщейхэр, балъкъэрхэр, ингушхэр, нэгъуейхэр зэпэIэщIэ зэрыпщIынур? Зэман жыжьэм лъэпкъ зэхуэмыдэхэр щызэкъуэзыгъэува адыгэ ныпым тет вагъуэ 12-мрэ абы и щIыIум щызэблэдза шабзищымрэ ноби зэгурыIуэм дыкъыхураджэ. Аращ абы Адыгейм къыщымынэу, КъШР-ми, КъБР-ми, Шапсыгъми, хэхэс адыгэхэми пщIэ

щIыхуащIыр. Къуиикъуэ Асфэр, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться: