Дунейм и телъыджиблырХеопс и пирамидэрХеопс и пирамидэр (Хуфу) - мысыр пирамидэхэм я нэхъ ин дыдэрщ, Дунейм и телъыджиблым щыщу ди нобэм къэсарщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс 20-кIэ екIуэкIа ухуэныгъэр щаухар ди эрэм и пэкIэ 2540 гъэрщ. Мысыр пирамидэхэм я хъыбар псоми ящIэ, ауэ нэхъ цIэрыIуэхэр Хеопс (Хуфу), Хефрен (Хафра), Микерин (Менкаура) сымэ я пирамидэхэрщ. Илъэс мини 3-м щIигъукIэ (1300 гъэхэм ирихьэлIэу, Линкольн, Инджылыз, Кафедральнэ соборыр щамыухуэ щIыкIэ) мы пирамидэращ щIы хъурейм ухуэныгъэ нэхъ лъагэ дыдэу тетар. Семирамидэ и жыг хадэр
Семирамидэ и жыг хадэ фIэдзахэр Дунейм и телъыджиблу къалъытахэм языхэзщ. Абы Амитис и жыг хадэ фIэдзакIи йоджэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар щIыхаса, пащтыхь Навуходоносор ЕтIуанэм и щхьэгъусэм зэреджэр Амитист. Олимп Зевс и статуер
Фидий и IэдакъэщIэкIщ античнэ скульптурэу Дунейм и телъыджиблым хагъэхьар. Олимпие къалэм дэт Зевс и тхьэелъэIупIэрат ар здэщыIэр. Ди эрэм и пэкIэ 776 гъэм щегъэжьауэ ди эрэм хиубыдэ 394 гъэ хъуху илъэсиплI къэс зэ Олимп джэгухэр щекIуэкIа, нэхъапэкIэ алыдж спортсменхэр, итIанэ урым спортсменхэр щызэпеуэ лъахэрщ. Артемидэ и тхьэелъэIупIэр
Артемидэ и тхьэелъэIупIэу Эфес щыIэри къалъытащ Дунейм и телъыджэу. Азие ЦIыкIум и псыIуфэм нэхъ и гъунэгъуу щыт алыдж къалэ Эфес дэтащ. Япэ тхьэелъэIупIэ нэхъ иныр щаухуар ди эрэм и пэкIэ VI лIэщIыгъуэрщ. Ауэ ар ди эрэм и пэкIэ 356 гъэм Герострат игъэсауэ щытыгъащ. Галикарнас мавзолейр
Карий пащтыхь Мавсол и сыныр ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм икухэм Галикарнас (иджырей Бодрум, Тырку) дащIыхьащ абы и щхьэгъусэ Артемиссие III и унафэкIэ. Мавзолейр яухуэн папщIэ абы къригъэблэгъащ алыдж архитекторхэу Сатиррэ Пифейрэ, а лъэхъэнэм архитектор нэхъ цIэрыIуэу щытахэу Леохар, Скопас, Бриаксид, Тимофей сымэ. Колосс Родосский
Пасэрей алыдж тхьэ Гелиос и статуер абрагъуэщ, Эгей хым и гъунэгъуу щыт Родос кхъухь тедзапIэ къалэм (Алыдж) дэту щытащ. Статуем метр 36-рэ и лъагагът, ар илъэс 12-кIэ яухуащ. Жэзым къыхэщIыкIа а ухуэныгъэ иныр зи IэдакъэщIэкIыр скульптор цIэрыIуэ Харесрэ абы и гъэсэн Лисиппрэщ. Родос иIэ кхъухь тедзапIэм деж щаухуа статуер гъунэгъу хытIыгухэми щыплъагъурт. Монументым жэзу тонн 13-рэ гъущIу тонни 8-рэ ихьащ. Зи гугъу тщIы колоссым статуе ин дыдэхэр щIыным къыхуриджа хуэдэт цIыхухэр. Ди эрэм и пэкIэ етIуанэ лIэщIыгъуэм Родос скульптурэ абрагъуэхэр дащIыхьат. Александрие гъуазэр
Дунейм и телъыджиблым ящыщ Александрие гъуазэр ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм Александрие мысыр къалэм щаухуауэ щытащ, кхъухьхэр тедзапIэм къыщесылIэкIэ хым хэт къырхэр ялъагъун папщIэ. Жэщым абы идз нэхур сэбэп яхуэхъурт, къриху Iугъуэр махуэм я гъуазэт.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:42 →
ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 →
Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 →
Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 →
Щыуагъэм щахъумэу
19.04.2024 - 15:46 →
Дэчыхыныгъэм кърикIуар
|