Нэхущ Iэдэм и гъуэгу бгъуфIэр

КъБР-100

Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и Президент, Урысейм естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием, ЩIэныгъэмрэ ГъуазджэмкIэ Петровскэ академием я действительнэ член,  ЩIэныгъэхэмкIэ, Технологиемрэ IэщIагъэ езыт егъэджэныгъэмкIэ  Испан академием щIыхь зиIэ и академик, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием щIыхь зиIэ и член, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Нэхущ Iэдэм (1938 - 1918) и IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди республикэм, Урысейм я мызакъуэу,  щIыналъэ, къэрал куэдым къыщацIыхурт.  

Гъунэ зимыIэ и щIэныгъэр и лъабжьэу лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зэфIигъэкIащ Iэдэм. Зеикъуэ къуажэм дэт курыт школым егъэджакIуэу къыщыщIидзэри, и щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ хигъахъуэурэ, профессор хъуащ, КъБКъУ-м физикэмрэ математикэмкIэ  и къудамэм зиужьыным и гуащIэ куэд зэрыхилъхьам къыдэкIуэу, езым и институт къызэригъэпэщыжащ.

ЩIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIу къекIуэкI Нэхущым жэрдэмышхуэ хэлъщ, Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэманщ. Еджэн къиухыу лэжьыгъэм хэгъуэза нэужь, езым и кафедрэ иIэжу Новосибирск къикIыжри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ар къыщызэIуихащ, зэрылажьэм хуэдэурэ иджыри кафед­ритI къызэригъэпэщащ,   абыхэм я унафэщIуи щытащ. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо  Адыгэ Академиер, Прикладной математикэмрэ автомати­зацэмкIэ, Математикэмрэ нанотехноло­гиехэмкIэ институтхэр   къызэрызэIуихар - куэд мэхъу Iэдэм зэфIигъэкIа  Iуэхухэр. Узбекистаным, Къэзахъстаным, нэгъуэщI хамэ къэрал куэдым щыIэщ абы и еджакIуэу щыта щIэныгъэлI лъэрызехьэхэр. Нэхущыр я щIэныгъэ унафэщIу цIыху  50-м щIигъум ягъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэкIэ пхагъэкIащ кандидат, доктор диссертацэхэр.

Мы гъэм и шыщхьэIум илъэс 30 ирикъуащ Нэхущым Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ институтыр къызэрызэIуихрэ. А зэманым къриубыдэу IуэхущIапIэм зригъэхъулIахэри абы и лэжьакIуэхэм зыIэрагъэхьа лъагапIэхэри къэлъытэгъуейщ.   Иужьрей илъэсхэм Iэдэм нэхъ хэкъузауэ щылэжьащ ЩIэныгъэ­хэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием, апхуэдэуи Математикэмрэ нанотехнологиехэмкIэ дунейпсо институтым и унафэщI къалэнхэр дагъуэншэу ирихьэкIащ.  

Гулъытэншэу къэнакъым Нэхущым и зэфIэкI къызэрымыкIуэр. Урысей щIэныгъэм и зыужьыныгъэм псэ хьэлэлкIэ зэрыхуэлэжьам папщIэ абы къыхуагъэфэщащ Урысейм, Украинэм щIэныгъэхэмкIэ я Академиехэм щылажьэхэм я профсоюзым я ЩIыхь тхылъхэр, КъБР-м и Президентым и ЩIыхь тхылъыр, «Адыгэ Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» медалыр, Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. 

Лъэпкъым и зыужьыныгъэм гурэ псэкIэ хьэлэлу хуэлэжьа  еджагъэшхуэ Нэхущ Iэдэм  хуэфащэ дыдэщ и Iуэхур адэкIэ зыгъэкIуатэ и бынхэу   ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик, математикэ щIэныгъэхэм я доктор  Викториерэ физико-математикэ щIэныгъэхэм я  кандидат Заремэрэ. Ябгъэдэлъ  щIэныгъэкIи зэфIэкIкIи зыхэтхэм къахэщ  адыгэ бзылъхугъэхэр куэдым я щапхъэщ я Iуэху зехьэкIэкIэ, дуней еплъыкIэкIэ.

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу