Аулъэ Сариет и гъащIэ тхылъыр

Зэманым къыIэщIэпчыну узыхуей гупсысэхэр,  гукъэкIыжхэр…   Ахэракъэ    нэхъ    зыхуэфащэр   «тхылъ»  фIэпщыну?   Зэгуэр  ухамыгъэIэбэжу    узрагъэджэжыну    тхылъкъэ   езы гъащIэри? Щхьэхуимыту  зыхуэдгъэувыж  мы упщIэхэр  къытхуэзыгъэкIуатэ  IэдакъэщIэкI  къыщыдэкIащ  иджыблагъэ   «Эльбрус»  тхылъ  тедзапIэм.  Ар   игъэхьэзыращ  урысыбзэ  къудамэм    и   редактор   Куэшбей   Жамболэт:  «Аулъэ   Сариет.  Лэжьыгъэ   къыхэхахэр».  Зи  Iувагъыр   напэ  600-м   щхьэдэх   тхылъыр    Жамболэт  и анэшхуэм,  Адыгейми,  КъБР-ми, КЪШР-ми фIыуэ   щацIыху   IуэрыIуатэдж    Аулъэ   Сариет  теухуащ.  Абы ихуа  тхыгъэхэр  апхуэдизкIэ  зыхуей   хуэза    защIэщи,    псалъэ   дыщIызгъужарэт  жыуагъэIэркъым.   ЩIэныгъэ    лэжьыгъэхэр,   езы бзылъхугъэм    и  гъащIэ  гъуэгум  теухуауэ   итхыжахэр,  анэр   ипхъухэм   зэреущие  тхыгъэхэр,  пхъухэм   я  зым   дунейм  ехыжа  и  анэм  хуитхахэр,  пхъурылъху   щIалэм   а   псор  зэрызэпищIэжа  щIыкIэр. Къэбэрдеибзэм  къигъэзэн  хуэмеямэ,  захуагъэр  езы Сариет  и  бзэкIэ  къэбгъэпсэлъэнрат.   А  Iэмалыр   яIэнущ  тхылъым урысыбзэкIэ  къеджэнухэм.

Си  гъащIэр

Сэ 1920  гъэм   и   бадзэуэгъуэм   Адыгейм   хыхьэ  Теучэж  районым  щыщ   Банэжьыкъуей  къуажэм  сыкъыщалъхуащ. Си   адэ  Хьэбэхъумэ    Шумахуэ  тхьэмыщкIэ   хъуа    уэркъ   лъэпкъыжьым  къыхэкIат.  Сэри   унагъуэм   срибын    пажэти,  фIы  дыдэу  сыкъалъагъурт, псом  хуэмыдэу  си   анэшхуэ   Гуащэнейрэ   си  адэмрэ.

Си  анэм  и  гугъу сщIымэ, абы  и   къалэнхэр  дэнымрэ  пщэфIэнымрэ   нэхъ   пыщIат.   Анэшхуэм   хадэр   зэрихьэрт:  хадэхэкIхэр, щхъуантIагъэхэр,  нартыхухэр  хисэрт,  езым  ипщIэжырт. Си  шыпхъу Фатэрэ   сэрэ,  дыздигъэIэпыкъу   хуэдэурэ,   езым   ищIэхэм   дригъасэрт, дэри  тлъэкI  къэдгъанэртэкъым.  СыщыцIыкIум   дэрбзэр   IэщIагъэм     егъэлеяуэ    сехъуапсэрти,   си   анэр    згъэпсэуртэкъым   «дэкIэ  сегъасэ»   жысIэурэ.  Ауэ   абы    сыкъыIуихуж   зэпытт,   зыгуэр  сигъэлъагъун   Iуэху  зэримыхуэххэу. Ди анэм  псэуныгъэм пыщIа лэжьыгъэ   гуэрми дыхуигъэсауэ   къысхуэщIэжыркъым.  А  тхьэмыщкIэ   цIыкIум езым  и  адэ-анэр пасэу  фIэкIуэдри,   и  адэ  къуэшым  ипIыжати,  адэ-анэм я IэфI зыхищIатэкъым. Ди  анэри  ди  анэшхуэри къытхуэткIийхэт, дапэпсэлъэжмэ  е  жаIэр   дымыгъэзащIэмэ,  егъэлеяуэ   къытхуэгубжьхэрт. ТIури зэмыплъэкIыжу   лъэпкъ  хабзэм  тетт, дэри апхуэдэ дыдэу дыщымыту ядэртэкъым.  

Илъэс  12  фIэкIа   сыхъуртэкъым   ди   адэр   щытфIэкIуэдам. Ар щIэныгъэ  зыбгъэдэлъ   цIыху  гъэщIэгъуэнт, адэ  гумащIагъ   зыхэлъ  лIы   щабэт. Аращ  щIэныгъэм  дыхуэпабгъэу  дызыщIари, фIыуэ демыджэу мыхъуну ди  хьэлым  къыхэзыпщари, цIыху  гъэсауэ,  хабзэ  тхэлъу дыщытын  зэрыхуейр  къыджезыIэ  зэпыту щытари. А зи гугъу къытхуищI хьэл-щэнхэмкIэ   езыр  щапхъэ  къытхуэхъужырт.  Ди анэмрэ  ди  анэшхуэмрэ елъытауэ ди  адэр щхьитI-щыкIэ нэхъ  лъагэт. ГъащIэм  зэреплъри  нэгъуэщIут…

Унагъуэ  хъыбар

Ди  адэр  и   ныбжьэгъухэм  яхуэтхэ   зэпытт.  Зэгуэр  и  цIыхугъэ  гуэрым  къыбгъэдэкIыу  тхыгъэ  къытхуэкIуат. Сэ  абы сыщыгъуазэтэкъым,   Фатэт  япэу   зыIэрыхьари,  тхыгъэр  зэтричри  къеджащ. Хуэмурэ унагъуэр зэхуосыж,   ди  адэм  и  тхыгъэр  зэрызэтечам  гу  лъетэ.   Зэуэ  Фатэ  зыбгъэдешэри йоупщI:

- Мы  тхыгъэр зыхурагъэхьам и  цIэм  къеджэт.

- Хьэбэхъумэ   Шумахуэ   Аслъэмбэч  и  къуэм.

- Уэракъым   зыхурагъэхьар, пэжкъэ?

- Хьэуэ,  ди  адэ,  сэракъым.

- АтIэ  сэ  укъызэмыупщIу   си  тхыгъэр щхьэ  зэтепча? Апхуэдэу, си хъыджэбз   цIыкIу,  зэпщIэм  пщIэ  хуумыщIу,  блэжьри  емыкIуу  аращ.

Фатэ  апхуэдэу  зэи  имыщIэжыну   къигъэгугъащ. 

Пхъашагъым хуэхей  цIыхут ди адэр.   Ди анэмрэ  ди анэшхуэмрэ къыщыдэшхыдэхэм  е   тезыр къыщыттралъхьэхэм деж, абы   сыт  щыгъуи игу  хэщIырт.  Аращ  сигу  нэхъ  къинэжар  си  адэм  теухуауэ. 

ЦIыхубэм  я  бийм  и  бын

Краснодар  дэт,   егъэджакIуэхэр  щагъэхьэзыр  техникумым  и   япэ  курсыр  къэзухауэ  етIуанэм сыщIэст.  Зыгъэпсэхугъуэр Банэжьыкъуей  щыдгъакIуэрт.  ЗэрымыщIэ  дыдэу,  I937 гъэм  шыщхьэуIум и 7-м гузэвэгъуэшхуэ  дыхохуэ -  ди  адэр   ягъэтIыс. Сэ  си  нэгу  щIэкIат  ар къызэрыхъуа  щIыкIэр.  Ди  анэр   абы   щыгъуэм    и  шыпхъум  деж  Мейкъуапэ  щыIэт, ди   анэшхуэр  гъунэгъум   екIуэкIат. Хабзэхъумищ  къыдыхьэщ, унэр  зэIащIэщ,  ди   адэм   и  тхылъ  тIэкIур  зэрагъэдзэкIри,  и  хьэпшыпхэм хэпщIэпщIыхьащ,  итIанэ  яубыдри  дашащ,   «пщэдджыжь къэтшэжынущ» жаIэри. ЩыдэкIым щабэу зыкъызишэкIщ, ба къысхуищIри мыр къызжиIащ: «Умыгузавэ,  си  хъыджэбз цIыкIу, псори  хъарзынэу  зэфIэкIынущ,  уэ  нэхъыфIыжу еджэ  закъуэ». Аращ  и  иужьрей  псалъэу  зэхэсхар, афIэкIа  зэи  тлъагъужакъым.

Техникумым еджэн щыщIэддзэжащ. Псори  зэрыщытауэ  екIуэкIыху,  ди  адэр  зэрагъэтIысар  ди   еджэныгъэ Iуэхум зэран хуэхъуну дигу къэкIакъым.  ЯгъэтIыса  куэдым  я  бын   щIэст  техникумми, илъэс ныкъуэ дэкIа  нэужь  еджапIэм  дыщIагъэсынрэ  дыщIадзыжынрэ  зэхагъэкIыну  IэIэт  ирагъэкIуэкIыну  мурад   ящIат.  Парт   комитетым и унафэщIыр  Суажь Исмэхьилт.  Ар ягъэтIысахэм  я  бынхэм  я  цIэ-унэцIэхэр  зэрыт  тхылъымпIэ  напэр   иIыгъыу   къэпсэлъапIэм  дэкIуейри   хуабжьу   къеджащ. «Хэт арэзы  ахэр  техникумым  щIадзыжыну?»  жаIэу щыхагъэзыхьым, къекIуэлIахэм  ящыщу   процент 99-м   Iэр  яIэтащ. «Хэт  мыарэзыр?» - жаIэу  щыщIэупщIэм, Цейхэ  ящыщ еджакIуэ щIалэ   гуэрым  и  Iэр  еIэт. «Сыт  комитетым   ищIа   унафэм  ущIыпэщIэувэр?» - йоупщI  абы  зэхуэсыр  езыгъэкIуэкIыр.  ЩIалэми  хахуэу   къэпсэлъэн   щIедзэри,   жеIэ   лажьэ  зимыIэ  еджакIуэхэм  иращIэр зэрыщыуагъэшхуэр.  Ахэр  къуаншэкъым   лъэпкъым  и  бийхэм  я  быну къызэрыщIэкIамкIэ.   ЖиIэм и  щыхьэту щIалэм  Сталиным и  псалъэхэр ягу къегъэкIыж: «Къуэм  адэм  щхьэкIэ  жэуап ихьыркъым». ИтIанэ  залым щIэс къомым захуегъазэ: «А  щIэвдзыжыну  зывгъэхьэзырхэр  зэреджэм феплъ! Сыт хуэдэу  жану хэт  ахэр  къетхьэжьэ IуэхуфIхэм!  Ахэр псори  фIы дыдэу  еджэ  защIэхэщ, ди  техникумым и  набдзэри  и  пщIэри ахэращ!»         

Профкомри  зэхуэсыр  езыгъэкIуэкIхэри  егупсысыжхэри,    унафэ  къэщтэгъуэр ягъэIэпхъуэну  мурад ящIащ.  ИужькIэ псори зэтесабырэжри,   техникумым  дыкъыщIэнащ.

Сыту  мыхьэнэшхуэ  иIэ  Iуэхур зэхэбгъэкIыным! Сыту  уасэшхуэ   иIэ цIыху пэжу, хахуэу, и чэзум  захуагъэм укъыщхьэщыжыфу укъыщIэкIыным! Цейхэ  я  щIалэр    хахуэу  къызэрыпсэлъам  и   фIыгъэкIэ дэ техникумым  дыкъыщIэнащ. Ауэ  къытщхьэщыжу дыкъезыгъэла  лIыхъужьыр  езыр  Гитлер  зэхиубла   зауэм,  гъащIэм  и  IэфIыр зыхимыщIэ  щIыкIэ,   хэкIуэдащ!

Унагъуэ  зэрихьам  теухуауэ

А зэманым  си  гъащIэм  зэхъуэкIыныгъэ   гуэрхэр  къыщыхъуат:  ди къуажэм  Аулъэ  Мэлыч   щызэзгъэцIыхуат. Ар  а  зэманым  Банэжьыкъуей  къуажэм  есэпыр  щригъаджэу  щылажьэрт, си шыпхъу нэхъыщIэ  Фатэ  иригъаджэрти,     щIалэм  тепсэлъыхь  зэпытт.  I939 гъэм   Аулъэр  къыслъыхъури,   унагъуэ дыхъуащ…

Си щхьэгъусэр партым и  райкомым ираджэри къыхагъэзыхьу ягъэукIытэн щIадзащ: «Уэ,  коммунистым,  цIыхубэм и бийм ипхъу щхьэгъусэ  пщIыну  щхьэ  уигу  къэкIыхха?» Уэркъ унагъуэм къыхэкIа сэ икIэщIыпIэкIэ сригъэкIыжыну унафэ къыхуащIам и мызакъуэу, къытракъузэрти,  мыр  жэуапу  яритащ:  «Езы Троцкэм  ипхъуу  къыщIэкIми,  дунейм   теткъым   сэ    абы    сыбгъэдэзыгъэкIыжын  къару!».

Зэанэзэпхъум  журтыцIэ  зэрахьэ

Куэд дэмыкIыу фашистхэм  Адыгейр яубыдащ. Мирэрэ (ипхъу нэхъыжьыр) сэрэ  журтыцIэ  зэрызетхьэм  щхьэкIэ  даукI пэтащ. Автоматхэм я   пэхэр  къыттраубыдакIэт,  адыгэхэр   къытщхьэщыжри дыкърагъэлащ армыхъумэ:  «Мыхэр  журткъым, адыгэщ, сабийм и  адэр Совет  властым  игъэкIуэдауэ  щытащ». 

Унагъуэр  Мейкъуапэ  дотIысхьэж

Сыхъум   илъэсищкIэ  дыщыпсэуащ.  ИтIанэ Аулъэр дзэм къыхэкIыжри  Мейкъуапэ  дыIэпхъуэжащ. Тыншу псэун щыщIэддзатэкъым  Мейкъуапэ. Унэ диIэтэкъым,  Курганнэ  уэрамым  тет  фэтэр  хьэхум  дыщIэсу арат. Ди унагъуэри  нэхъ  ин  хъуат: Меремэ (япхъу нэхъыщIэр) къытхэхъуат, си  щхьэгъусэм  и  анэмрэ  и  адэ  къуэшым и къуэ илъэс  I3-м ит Мэжидрэ  къыддэпсэухэрт.  Мылъку  и лъэныкъуэкIэ гугъу  дыдэ  дехьырт, ауэ,   дыщIалэти,    зыхэтщIэртэкъым.

1960 гъэм Тбилиси аспирантурэр къыщызухщ, кандидат къэпщытэныгъэхэр  стыри,    Мейкъуапэ  сыкъэкIуэжащ.  I96I гъэм Мейкъуапэ дэт  пединститутым инджылызыбзэмрэ литературэмкIэ  и кафедрэм  и  ассистенту   сагъэуват, ауэ,   IуэрыIуатэр  зджыну  егъэлеяуэ зэрысфIэфIым  къыхэкIыу, сылъаIуэри,    Адыгей  къэхутакIуэ институтым  IуэрыIуатэр   зыдж  и  къудамэм   сагъэкIуэжауэ   щытащ.

Зыгъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ.
Поделиться: