16 сентября, 2021 - 17:17
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр сыт и лъэныкъуэкIи зызыужь, ефIакIуэ IуэхущIапIэ лъэрызехьэщ. Абы и унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащI ди къэралым, хамэ щIыпIэхэм щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм пыщIэныгъэ яхуиIэным, ябгъэдэлъ Iэуху зехьэкIэхэмкIэ зэдэгуашэу IэнатIэр ирагъэфIэкIуэным. Абы и щапхъэщ иджыблагъэ университетым щызэхэта зэхыхьэр. Ди еджапIэ нэхъыщхьэмрэ Евдокимовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал медико-стоматологие университетымрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум щыхьэт техъуэ зэгурыIуэныгъэм Iэ щытрадзащ абы.
Москва къикIа хьэщIэхэм я пашэт Медико-стоматологие университетым и проректор Васюк Юрий, абы и гъусэт а еджапIэм пластикэ хирургиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Дробышев Алексейрэ стоматологиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Арутюнов Сергейрэ. Абыхэм гупсэхуу щыгъуазэ зыхуащIащ КъБКъУ-м щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм, абы и къудамэхэмрэ къепха еджапIэхэмрэ щекIуэкI Iуэхугъуэхэм. Ахэр щыIащ университетым стоматологиемкIэ, физикэмрэ математикэмкIэ, химиемрэ биологиемкIэ, архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтхэм, дизайнымкIэ колледжым.
IэщIагъэлIхэр иужькIэ щызэчэнджэщащ университетым къыщызэрагъэпэща зэIущIэм. ХьэщIэхэм яхуэзащ икIи абыхэм я упщIэ псоми жэуапхэр иратащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ, проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэхэу Лесев Вадимрэ Хьэшыр Светланэрэ. ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэр ехьэлIат егъэджэныгъэми щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэми.
А псори зэфIэкIа нэужь, лъэныкъуитIми Iэ традзащ зэрызэдэлэжьэнум щыхьэт техъуэ дэфтэрхэм. КъБКъУ-м стоматологиемкIэ и институтым и унафэщI Мустафаев Магомед зэрыжиIамкIэ, а зэгурыIуэныгъэм хъер куэд къахуихьынущ Евдокимовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал медико-стоматологие университетми Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетми, сыту жыпIэмэ еджапIэ нэхъыщхьитIри зытелажьэр дунейпсо мардэм хуэкIуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынырщ, щIэныгъэ лэжьыгъэфIхэр зэфIэхынырщ. Апхуэдэуи ди университетым и лабораторэхэм щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэм къарикIуа Iуэхугъуэхэр (къэбгъэлъагъуэмэ, полимерхэр) дяпэкIэ къыщагъэсэбэпынущ медицинэ IэнатIэми.