ЦIыху егъасэ

ЦIыкIухэм уахэтын папщIэ щэным я нэхъ гуакIуэр пхэлъын хуейщ. Сабий садым и гъэсакIуэм и пщэ къыдохуэ жэуаплыныгъэшхуэ, абы куэдкIэ елъытащ а игъасэхэм адэкIэ я гъащIэр зэрыхъунур. Сабий гъэсэныгъэм теухуауэ щыIэ Iэмалхэм, нэхъ цIыкIу дыдэхэм я хьэл-щэнхэр зэриджым теухуауэ Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и гъэсаIуэ Мэремкъул Иринэ и гупсысэхэр гъэщIэгъуэнщ.

Щапхъэу ущытын хуейщ

- Сабий бгъэсэн папщIэ уэ езыр щапхъэу ущытын хуейщ. Псалъэ къудейкIэ абы къыгурыIуэркъым фIымрэ емрэ зищIысыр. КъыгурыIуэни хуейкъым. Пэжым ухуеймэ, адэ-анэм куэдрэ къащогъупщэ сабийм жепIэ къудей мыхъуу, ебгъэлъагъуни зэрыхуейр. Абы илъагъур ещIэж. Аращи, гъэсэныгъэм деж сэ псом нэхъыщхьэу къызолъытэ балигъыр абы и дежкIэ щапхъэ хъуныр. «Хъунукъым» жетIэу дыкъыбгъэдэкIыжын хуейкъым, сыту жыпIэмэ, а «хъунукъымым» хэлъ гупсысэр къыхузэщIэкъуэнукъым абы. ЩIэмыхъунур абы и деж нэтхьэсын хуейщ.

ГъэсакIуэм и гуащIэр нэсу щызыхамыщIэ щыIэщ. «Сабий садым макIуэри сабийм ядоджэгу, къофэ, уэрэд жеIэри къокIуэж» - апхуэдэущ куэд зэрегупсысыр. Ауэ щыхъукIи, сабий гъэсакIуэу ущытыным  гурэ псэрэ хыболъхьэ. Арыншауи хъунукъым. Псалъэ къудейр мащIэщ сабий садым кIуэм и гупсысэр къэбгъэIэсэн папщIэ: яжыдоIэ, ядогъэлъагъу, джэгукIэ Iэмалым тету къагурыдогъаIуэ. Абы щыгъуэми сабий къэс щхьэхуэу гулъытэ лъыбгъэсын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, сабий къэс дуней щхьэхуэщ: дэ япэ щIыкIэ абы я дунейм дыхохьэри, къыдопщытэ, итIанэ я гупсысэ цIыкIухэр зэхэзедзэн дымыщIу ягу дызэрыдыхьэным иужь дитщ. Зы хьэрэмагъэ ягу имылъу, бзаджагъэ ямыщIэу, ягу цIыкIухэр зэIухауэ, я нэ цIыкIухэм къабзагъэ къыщIихыу ди деж къакIуэхэм я гупсысэр дэ тхъумэн, дунэтIын хуейщ. Гуапагъэрэ дахагъэу щыIэр демызэшу зэхедгъэхын, едгъэлъагъун, зыхедгъэщIэн хуейщ.  Ар икIи гугъущ, ауэ гурыфIыгъуэшхуи къыхокIыж. Уадэлэжьэну, пхъумэну уи гур пIэпех, абы я нэхум апхуэдизу узыIэпешэри. ЕдгъэщIам, дызэлIэлIам къикIаIауэ, къыдэхъулIаIауэ щытлъагъужым деж сыт хуэдэу дигу хэхъуэрэ!  Къапщтэмэ, илъэси 7 хъуху сабийм хэплъхьэр адэкIи абы и цIыху щIыкIэ хъунум джэлэс хуэхъуу си гугъэщ. Пэжщ, балигъыпIэ щиувэ ныбжьым и дежи зэ Iэмал къуетыж гъащIэм, абы и гупсысэр къэбгъэIэсэжынымкIэ.

ГъэсакIуэм и лэжьыгъэм и купщIэр зэуэ къыпхуэлъагъуну си гугъэкъым. ПэщIэдзэ школым макIуэ, еджэн щIедзэри,  ди деж щигъэтIылъа лъабжьэм и къуэпсхэр плъагъу мэхъу. «ЕгъэджакIуэр фIыуэ къыдолажьэ, езыр фIыуэ йоджэ»,- жаIэнщ зэфIэкI зыгъэлъагъуэ сабийм щхьэкIэ. Ауэ къащогъупщэ мыр: сабий садым щызыхилъхьа гупсысэм къэтIэпIын щIидзэу аращ.  Ар адэкIэ егъэджакIуэм егъэкIуатэ. Сэ си гъэсэн цIыкIухэм сутIыпща нэужьи, сакIэлъыплъын сфIэфIщ. Балигъ цIыкIу хъуахэу, зэфIэкIхэр ягъэлъэгъуэн щIадзауэ, я анэхэм сахуэзэрэ, адыгэбзэ гуэри зэхызагъэхмэ, сытым хуэдэу си гуапэ!

ЦIыхум зэпымыууэ зеужь

- ЦIыху гъащIэм зэпеуэ хэтын хуейуэ къызолъытэ. Абы уи гупсысэм куэду зыщеубгъу. СфIэфIщ нэгъуэщIхэм я лэжьыгъэм бгъэдыхьэкIэрэ Iэмалу къыщагъэлъагъуэхэм сыкIэлъыплъыну, сфIэфIщ зэпеуэхэм сыхэтыну. Абыхэм защыхуэбгъэхьэзырым дежи зыужьыныгъэ уогъуэт. Я нэхъ лэжьыгъэ цIыкIум зеппщыта нэужь,  куууэ ухыхьэн хуей мэхъу. Интернетым зэпеуэ гуэр къралъхьауэ къэслъагъуми, си лэжьыгъэхэм ящыщ изогъэхь. Дауи, си гуапэ мэхъу увыпIэфIхэр къэсхьауэ хъыбар къыщысIэрыхьэм дежи. Иджыпсту  дэфтэрхэм гулъытэ щыхуащI зэманщ. Псалъэм щхьэкIэ, аттестацэ ухэтынумэ, рейтинг жыхуэтIэр къызэрабжыр  тхылъымпIэхэрщ: щIыхь тхылъу, фIыщIэ тхылъу ебгъэлъагъурщ.

Сэ, къапщтэмэ, физикэт щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрызэзгъэгъуэтар. Ауэ абы зэи срилэжьакъым - сыхуеякъым. Завод сыщылажьэу щытащ. Унагъуэ сыхъуу бынитIыр сабий садым сшэн щIэздза нэужь, егъэлеяуэ сызыIэпишащ гъэсакIуэ лэжьыгъэм. Хьэкъыу спхыкIащ сабий гъэсакIуэу сыщытыну сызэрыхуейр. А зэманым ирихьэлIэу Щхьэлыкъуэ сабий садым гупыщIэхэр къащтэну хъыбар щыIэти, сыкъэувауэ щытащ. ИтIанэ гъэсакIуэ IэщIагъэми сыхуеджэжащ.

Сабийм я бзэр къиутIыпщыныр гугъу хъуащ иджыпсту: псэлъэн, макъхэр зэпагъэувэн и лъэныкъуэкIэ жыхуэсIэщ. Мы дуней пIащIэ-тхъытхъым уэрыщэу къакIуэ хъуа гупсысэр сабийм и дежкIэ тIэкIу куэдыIуэ хъууэ, и ныбжь мащIэм къимызагъэу арауэ согупсыс. Мис а гупсысэхэр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ сэ илъэсищ ипэкIэ логопед IэщIагъэм сыхуеджэжыныр. Ди университетым курс щыIэт, пщIэкIэ абы ухуеджэуи, ар къэзухыжащ. Зэпымыууэ щIэ гуэр къэпщIэн хуейуэ, зэпымыууэ зыбужьын, уеджэн хуейуэ къызолъытэ.

ЦIыкIухэр зыгъэгупсысэ хьэпшыпхэр

- Интернетым гъэщIэгъуэну куэд щызолъагъу. Зыгуэрым зебгъэсэну мурад пщIымэ, интернетым илъщ абы ухэзыгъэгъуазэ щIыкIэхэри. Сэ апхуэдэу зыгуэрым гу лъыстамэ, си гур зэгъэнукъым абы зезмыгъэсауэ, сымыщIауэ. Техникэ куэд къэзгъэIэсащ апхуэдэурэ. Сабийхэр зэрыджэгу, абыхэм я гупсысэм зезыгъэужь хьэпшыпхэр куэду сощI. Абыхэм яхэтщ я тхьэмбыл цIыкIухэр тэмэму лэжьэнымкIэ сэбэп хъухэр, я Iэпхъуамбэхэр зезыгъакIуэхэр, псэущхьэхэр фIыуэ езыгъэлъагъухэр, бжыгъэхэмрэ хьэрфхэмрэ езыгъэцIыхухэр. Гу зэрылъыстамкIи, мис апхуэдэ хьэпшып цIыкIухэм нэхъ дехьэх сабийхэр, тыкуэнхэм къыщытщэхухэм нэхърэ. Сабийхэр щыдгъасэ пэшым фIэлъщ, псалъэм папщIэ, щэкI бзыхьэхуэхэмкIэ сщIа сурэтхэр, пхъэм тесщIыхьа тхыпхъэхэр. Си Iэпэхэр сытым дежи согъэлажьэ, согъэпэщащэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: