Китайм зыщуплъыхьынумэ…

 

Урысейм и цIыхухэм нэхъыбэрэ зыщагъэпсэху къэралищыр Финляндиерщ, Китайрщ, Тыркурщ.

Китайм туристхэр зэрызришэлIэфымкIэ дуней псом ещанэ увыпIэр щеубыд. Ар къызыхэкIыр абы щыIахэм нэгъуэщI планетэ лъэтауэ къазэрыщыхъурщ. А къэралым щекIуэкI гъащIэри, хьэуари, я шхыныгъуэхэри нэгъуэщIщ. Уеблэмэ, китай хьэпшыпхэри дагъуэншэщ, нэхъыфIхэр хамэ щIыпIэ ямышэу езыхэм къызыхуагъэнэж хуэдэщ. 
Китайм ущыкIуа япэ махуэм пшхын, уи ныбэ из зыщIын щумыгъуэтын хуэдэу къыпщохъу. ШхапIэм ущIыхьа нэужь, абджым къыхэщIыкIа стIол хъурей кIэрахъуэм телъхэм ущеплъкIэ, укъоуIэбжь: ананас гъэжьа, бдзэжьей тефтель, гинкго жыгым къыпыкIэу джэшым ещхь гуэр, хъарбызыр, помидорым бгъурылъу (китайхэм помидорыр пхъэщхьэмыщхьэу къалъытэ), кIэртIоф къызэрыгуэкIри къыпхуэцIыхужынукъым, карамелым хакухьурэ ягъажьэри варенэ тракIэж, къэлэр зыдэлъ псыхьэлывэ, медузэ, лотос хуэдэхэм я гугъу умыщIыххэ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр: китай пащтыхьхэр зэрагъэхьэщIэ Iэнэм хуэдэ къэбузэдрэ упэрытIысхьэмэ, зы цIыхум хуэзэу юани 100 (сом 500) къудей щIэптыну аращ. 
Китайм къипшынкIэ хъуну тыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр, дауи, шейщ. Ауэ япэ къэс шейр зыми фIэщIэщыгъуэнукъым. Псалъэм папщIэ, фIыщ Лю Ань Гуань Пянь шейр. Апхуэдэ фIэкIа ефэртэкъым жьы хъуа нэужьи дахэу, узыншэу псэуа китай пащтыхьгуащэ Цыси. Китайм шей къыщыпщэхуныр гупсэхугъуэщ, абы урагъэплъ, урагъэпэм къудейкъым, атIэ занщIэу, хабзэ псоми тету шей къыпхуащIри, урагъафэ. Ауэ а къэралым кофе къыщыбгъуэтыныр тыншкъым, уеблэмэ, хьэщIэщ нэхъ ехьэжьа дыдэхэми щыIэкъым. Кофеншэу мыпсэуф урысей туристым къыхуэнэжыр зыщ - кофе здишэнырщ. 
Китайм уи закъуэ укIуэу зыщуплъыхьын папщIэ визэ ухуейщ. Визэншэуи укIуэ мэхъу, абы щыгъуэм гупым уахэтыну аращ. Апхуэдэу нэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъуэгугъэлъагъуэ сыт щыгъуи пщIыгъунущ, цIыхуитхуу узэгъусэнущ, махуэ 15-кIэ зуплъыхьынущ. 
Китайм и хьэщIэщхэр къабзэщ, Iэхуитлъэхуитщ, европей мардэхэм йозагъэ. Номерым сыт щыгъуи щIэтщ электрошейныч, шей зэрыбгъэвэн, узэрефэн хьэкъущыкъу. Сыт щымащIэр жыпIэмэ, Wi-Fi. КъищынэмыщIауэ, абы ущыIэху фейсбукыр зыщыбгъэгъупщэ хъунущ, ар а къэралым щагъэлажьэркъым.
Иджыри зы щхьэхуэныгъэ: узыщIэс номерым и бжыгъэр «8»-кIэ къыщIидзэ щхьэкIэ, ар еянэ къатым щыIэкъым. Къатыр къэзыгъэлъагъуэр етIуанэ бжыгъэращ. 8-р китайхэм бжыгъэ насыпыфIэу къызэралъытэм щхьэкIэ пагъэувэу аращ. 

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ