Адыгэхэм ди жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэр - Дунейпсо Адыгэ Хасэр - къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 30 ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу абы къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ лъэхъэнэм къыдэкIуа гъэунэхуныгъэхэмрэ ятеухуа упщIэ зыбжанэкIэ иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэхуэсышхуэр къоблагъэ, Хьэутий. Ар ирихьэлIащ махуэшхуитIым - ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 щрикъумрэ Адыгэхэм я махуэмрэ.
- Пэж дыдэу, лъэпкъми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я дежкIэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ махуэхэм хуэзащ иджырей зэхуэсышхуэр. Илъэс 30-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 1991 гъэм накъыгъэм и 19-м, Налшык къыщызэхуэсат дунейм адыгэу тетым я лIыкIуэхэр. Абы ипэ ит илъэсым Голландием щекIуэкIат зэхуэс, хамэ къэрал зыбжанэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр хэту, икIи, игъащIэм щымыIауэ, Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Конгресс Налшык щызэхашэну унафэ къыщащтэгъат. А зэхуэсышхуэм и Тхьэмадэу хахат Голландием щыпсэу, мы Iуэхур къезыхьэжьа Хьэткъуэ Фэтхьи. Арыххэуи, 1991 гъэм накъыгъэ мазэм и 19-20 махуэхэр адыгэм и тхыдэм нэщыпхъуэр тезыха, лъэхъэнэщIэм и Iуэхухэр убла щыхъуа махуэу лъэпкъ махуэгъэпсым хэуващ. Илъэси 127-рэ дэкIын хуеящ лъэпкъыр зэхыхьэфын щхьэкIэ.
Дунейпсо Адыгэ Конгрессыр зэрылэжьа махуитIым дунейм адыгэу тетыр зэкъуэзыгъэувэ ДАХ-р къигъэщIащ. Адыгэм и бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным икIи зегъэужьыным хуэгъэпса зэгухьэныгъэт ар. Лъэпкъым дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэшхуэт.
ДАХ-м и тхьэмадэу хахащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутат, абы и Комитетым и унафэщI, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къалмыкъ Юрэ. Абы и къуэдзэхэт Голландием щыщ Хьэткъуэ Фэтхьи, Къэбэрдейм щыщ МыкIытIей Абдулыхь, Иорданием щыщ Къардэн Самир, Тыркум щыщ МэшхуэфI Нэждэт сымэ. Дунейм адыгэу тетыр зэзыгъэуIу, и лъэпкъыбзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным хуэгъэза, зэкъуэтыныгъэмрэ зыщIыныгъэмрэ телажьэ япэ адыгэ хасэшхуэу къежьа ДАХ-м а къалэныр ноби егъэзащIэ, дяпэкIи а IэнатIэм пэрытынущ.
Адыгэхэм я махуэр лъэпкъ махуэгъэпсым зэрыхэувэрэ куэд щIакъым. КъБР-м и Iэтащхьэм и Iэ щIэлъу 2014 гъэм шыщхьэуIум и 12-м къыдэкIа унафэм фокIадэм и 20-р Адыгэхэм я махуэр ди щIыналъэм щигъэнэхуащ. Ди блэкIар зыщыдмыгъэгъупщэныр, Хэкум и щхьэхуитыныгъэр яхъумэу илъэсищэкIэ екIуэкIа зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъыр дымыгъэкIуэдыныр ди хьэкъщ, абы псалъэ хэлъкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, блэкIам дерс къыхэтхыу къэкIуэным дытелэжьэн хуейщ. КъытщIэхъуэ щIалэгъуалэр хэкупсэ-лъэпкъыгуу къэгъэтэджыныр, гупсысэ куу яIэу гъэсэныр псоми ди зэхуэдэ къалэнщ. Дунейм тет адыгэ щIалэгъуалэр зэтшэлIэн, зэлъэдгъэIэсын, зы лъэпкъ къызэрыхэкIар я щхьэм иту гъунэгъу зэхуэтщIын хуейщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къащта Адыгэхэм я махуэр цIыхубэ махуэшхуи хъуащи, жыпIэну гухэхъуэщ.
ДАХ-м и XIII Зэхуэсышхуэр ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс щэщI щрикъум хуэзэу йокIуэкI. А зэманым къитIэсащ ДАХ-м и зэфIэувэнымрэ зыужьыныгъэмрэ. Ди Хасэр нобэ дуней псом къыщащIэ, пщIэ зыхуащI адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу къалъытэ. ДАХ-р къэрал зэмылIэужьыгъуэхэр зэгурызыгъаIуэ, зэзышалIэ, зэлъэзыгъэIэс лъэмыжщ, дунейпсо цIэрэ щхьэрэ зиIэ хасапIэщ. ДАХ-р урысейпсо икIи щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм, Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ я IуэхущIапIэхэм япыщIащ, щIэгъэкъуэни къыхуохъу.
- Хьэутий, уи унафэм щIэт ДАХ-м зыхуигъэувэжа къалэнхэр дауэрэ зэфIихыфа дунейр зэщIэзыщта коронавирус уз зэрыцIалэм и гуащIэгъуэ зэман гугъум?
- Зэрыдунейуэ зэкIэлъымыкIуэж зыщIа а узыфэр ужьыхакъым, цIыхухэр нобэр къыздэсым хуиту зэхыхьэ хъуркъыми, щытыкIэр иджыри къызэрымыкIуэу гугъущ. ДАХ-м дежкIи тыншакъым иужьрей илъэситIыр. ЕдгъэкIуэкIын хуея лэжьыгъэм пандемием зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ. Языныкъуэ Iуэхугъуэхэр пэIудзауэ зэфIэтхащ. Ауэ, дауэ хъуми, къалэн зыщытщIыжахэр зэрыдгъэзэщIыным дыпылъащ. ДАХ-м и зэIущIэхэр Уставым къигъэув пIалъэхэм темыкIыу екIуэкIащ. Хасэм и Унэм къыщызэдгъэпэщ зэхуэсхэр хэгъэкIауэ, ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу щIыпIэхэм дыкIуэурэ ди зэIущIэхэр щедгъэкIуэкIыу зы хабзэ къыхэтлъхьати, ари IэщIыб тщIакъым. 2019 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм зи чэзу зэIущIэр Черкесск щызэхэтшащ, 2021 гъэм ар Мейкъуапэ щедгъэкIуэкIыну къыдэхъулIащ.
ЗэкIэлъыкIуэныр, хасэ зэIущIэхэр ди лъэпкъыр зэрыIыгъыу щыпсэу щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щегъэкIуэкIыныр дызыхуэныкъуэ Iуэхущ, дызыхуейщ, игъуэуи къэлъытапхъэщ. ДАХ-м и лэжьыгъэр щекIуэкI щIыналъэхэм къыщызэщIиIэтэр лъэпкъ интеллигенцэм и закъуэкъым, атIэ абы къызэщIегъэушэ щIыпIэ унафэщIхэр, ди лъэпкъэгъухэр зыгъэгумэщI-зыгъэпIейтей Iуэхухэм къахурегъэплъэкI. Абы уфIэкIыжым, ДАХ-м и лэжьыгъэр купщIафIэ икIи мыхьэнэ зиIэ ещI абы жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр кърихьэлIэну Iэмал щыIэ зэрыхъум.
Апхуэдэу, адыгэ цIыху цIэрыIуэхэр къыщалъхуа махуэхэм, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ махуэшхуэхэм, ди щIыналъэм щагъэлъапIэ махуэхэм ирихьэлIэу зэхашэ щIэныгъэ зэхуэсхэр, «стIол хъурейхэр» идогъэкIуэкI. ДАХ-м и жэрдэмкIэ 2020 гъэм щIышылэм и 30-м ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, ДАХ-м и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрэ теухуа фэеплъ пщыхьэщхьэ.
ДАХ-р жыджэру хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысейми щрагъэкIуэкI грант зэхьэзэхуэхэми. Къапщтэмэ, Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондым и гъусэу ДАХ-м 2019 гъэм и шыщхьэуIу мазэм иригъэкIуэкIащ Адыгэ щIалэгъуалэм я дунейпсо форум. ДэркIэ щIыхьышхуэт абы дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр, жылагъуэ лэжьакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрэ къызэрырихьэлIар.
Куэд мэхъу зэфIэдгъэкIахэр. Апхуэдэхэщ «ЦIыхубэ дипломатиер лъэпкъ зэхущытыкIэфIхэм я шэсыпIэщ», «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэщ» проектхэр, «Зэныбжьэгъугъэм и хасэ» егъэджэныгъэ-щэнхабзэ форумыр, «Схуадами фащэр си пкъым хуэфIу, зэры-Кавказу ар хуэхъуащ…» гъэлъэгъуэныгъэр, нэгъуэщIхэри.
ДАХ-р шэщIауэ ядолажьэ къэрал, жылагъуэ IуэхущIапIэ куэдым. Лъэпкъ Iуэхум зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми къепха зы Iуэхугъуи гулъытэншэ зэрымыхъуным дыхущIокъу, ар къыщыхъур ди къэралырауи хамэ щIыпIэуи ирехъу.
- Адыгэбзэр, дэтхэнэ лъэпкъ мащIэм и бзэм хуэдэу, щытыкIэ гугъу зэритыр щэхукъым. Псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэхэр курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэта нэужь, псалъэмакъ куэд екIуэкIащ бзэхэр зэрагъэкIуэдын Iэмал къэралым къелъыхъуэ жаIэу. Анэдэлъхубзэм къыщыжыныр зи къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ ДАХ-м сытхэр ищIэфрэ а Iуэхум ехьэлIауэ?
- Адыгэбзэм и Iуэху зыIутым уимыгъэпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым. Иджы хуэдэу зэи IупщIу ди пащхьэ къиувакъым бзэр хъумэным ехьэлIа гумэщIыгъуэхэр. ДАХ-м фIы дыдэу къыгуроIуэ адыгэбзэр лъэпкъым и пкъощIэсэу зэрыщытыр, Iэмалу щыIэр ар хъумэным, къыщыжыным, ехьэлIэн зэрыхуейр. Абы епха лэжьыгъэхэм ящыщщ 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 19-м УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ и Советым и зэIущIэр Налшык щыщекIуэкIым абы и утыку исхьа Iуэхугъуэхэр. УФ-м и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр къызэзыгъэпэщ гупым сыщрагъэблагъэми, абы и 68-нэ статьям Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр я бзэхэм ирипсэлъэну, ахэр зэрагъэщIэну икIи яхъумэну хуитыныгъэ яIэу зэрыщыжиIэр щIэдгъэбыдащ. Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэта нэужь, анэдэлъхубзэхэм я хъумэным ехьэлIауэ IэмалыщIэхэр щыIэ хъуащ, абыхэм заужьынымкIэ икIи хъумэнымкIэ иIэ хуитыныгъэхэм иджы езы къэралыр и шэсыпIэу къыщыувым.
Псом нэхърэ нэхъыщхьэр - анэдэлъхубзэр унагъуэм илъынырщ, сабийхэм ар яIурылъхьэнырщ. АдэкIэ ахэр тхыбзэмрэ псэлъэкIэ зэгъэпэщамрэ хуегъэсэныр езы къэралым хьэкъ зыщещIыж.
Нобэ адыгэбзэр Урысейм хыхьэ щIыналъищым - КъБР-м, КъШР-м, АР-м - къэралыбзэу щыгъэуващ. Бзэр фIэкIыпIэ имыIэу хъумэн хуейуэ къэралым къыщилъытэм дежщ укъыщыжын щыпхузэфIэкIынури, щебгъэфIэкIуэфынури. ДАХ-м къару хилъхьащ тхыбзэ лIэужьыгъуитIри зэрырагъэдж тхылъхэр федеральнэ тхылъ зэужьым (федеральный перечень учебников) хэгъэхьэным. Ди бзэр хъума хъуным и зы шэсы-пIэ лъэщщ ари.
Апхуэдэу, адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыным хуэунэтIауэ ДАХ-м илъэс къэс зэрыадыгэ дунейуэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр гъатхэпэм и 14-м егъэлъапIэ. ЦIыху куэдым гурыхь ящыхъуащ илъэситI лъандэрэ едгъэкIуэкI «Адыгэ диктантыр». Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэгъэпэща хъуа мы Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм, щIыпIэ университетхэм, езы ДАХ-м къыхыхьэ хасэхэм, хамэ къэрал щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм.
Адыгэбзэр - лъэпкъым и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэщ. Бзэм щхьэщыт шынагъуэр ДАХ-м и къарукIи, къэрал IэмалхэмкIи пхуэгъэкIуэдынукъым, абы езы лъэпкъыр пэщIэмыувэмэ, ар фIыуэ пщIэныр сыт хуэдэ ехъулIэныгъэми я щхьэу зэрыщытыр къыбгурымыIуэмэ.
- Хьэутий, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэн, адэжь лъахэм къешэлIэжын и лъэныкъуэкIэ сытхэр къехъулIа ДАХ-м иужьрей зэманым?
– А лэжьыгъэр сыт щыгъуи йокIуэкI, зэпыу имыIэу. УнэтIыныгъитIкIэ къызэгъэпэщащ ар: зыр - ди зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр щIэгъэхуэбжьэным теухуащ; етIуанэр - Хэкум къэIэпхъуэжахэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэгъэзэгъэжыным, бзэр егъэщIэным хуэгъэпсащ.
Хамэ къэрал къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр нобэкIэ цIыху 5000-м ноблагъэ. Сирием къыщалъхуахэм ящыщу Хэкум къихьэжащ цIыху мини 3-м щIигъу. Абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм унэ лъапси 120-рэ щыхузэрагъэпэщащ.
Къэзыгъэзэжахэр хэку гъащIэм нэхъ щIэх хэсыхьыжыным хуэунэтIауэ КъБР-ми АР-ми зэIущIэхэр, «стIол хъурейхэр» щызэхашэ. Абыхэм кърохьэлIэ цIыхур лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным, Iэпхъуэшэпхъуэным пыщIа къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Къэралым щызекIуэ мардэхэм къызэритIэс хуэдизкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэри зымыгъуэт яхэткъым адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм.
ДАХ-р жыджэру хэтщ Хэкум къихьэжахэм я тхылъымпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным, къэралым щыIэну хуит зыщI тхылъхэр зэхуэхьэсыным, я бынхэр еджапIэхэм, гъэсапIэхэм гугъуехь къыхэмыкIыу къащтэным епха лэжьыгъэхэр зэфIагъэкI ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм. Апхуэдэу Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм папщIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щрагъэджыну курсхэр щIэх-щIэхыурэ къызыдогъэпэщ.
- Хьэутий, ДАХ-м иужьрей илъэсищым иригъэкIуэкIыну къалэн зыщищIыжа лэжьыгъэм щыщу къывэмыхъулIэу е зэфIэмыхьэу зыгуэр къэна?
- Дауи, къалэн зыщытщIыжахэр, тщIэну дызыхуеяхэр псори тхуэгъэзэщIауэ жытIэфынукъым. Абыхэм ящыщу дигу къоуэ хамэ къэрал къитшу ди адыгэ сабийхэм зедгъэгъэпсэхуну, Хэкур едгъэлъагъуну Iэмал дызэримыIар. КъинэмыщIауэ, хэку гъэзэжыным епха Iуэхугъуэхэр иджыри къыздэсым нэсу зэIубз хъуакъым, абы пыщIа гугъуехьхэр мащIэ хъуауэ пхужыIэнукъым. Ди лъэпкъэгъухэр Хэкум къихьэныр псынщIэ ящыщIынымрэ къихьа нэужь щыпсэуну, щыIэну хуит зыщI, къэралым и цIыхуу къызэрилъытэ тхылъхэр къыдэхынымрэ сыт щыгъуи пIалъэ къыхокI.
Нэхъыщхьэ дыдэу къытпэщылъхэм ящыщщ бзэм и пщIэр къэIэтыным, ар щIалэгъуалэм хъугъуэфIыгъуэу къегъэлъытэным хуэщIа Iэмалхэр зэдгъэпэщын зэрыхуейри. Дауэ хъуми, лэжьыгъэр къызэрыдмыгъэувыIэнымрэ хэкIыпIэхэр къызэрыдгъуэтынымрэщ зи ужь дитыр.
- ДАХ-м и XIII Зэхуэсышхуэм нэхъыщхьэ дыдэу къыпэщылъыр сыт нобэкIэ?
- Лъэпкъыр зыгъэгумэщI сыт хуэдэ Iуэхуми пэджэжыфу, абыхэм я зэблэгъэкIыпIэ хъунум и Iэмал-кIуэрабгъухэр къигъуэтыфу щытын хуейщ. «Зэманым екIур лIыфIщ», - жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. Дэри сытми дыхуэхьэзыру, ди фейдэ зыхэлъыр пхыдгъэкIыфу дыщытын хуейщ. Дунейм текъухьауэ тет лъэпкъыр зэшэлIэжыным, абы и анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэ хъумэным, и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ къыщыжыным, Хасэм къыхыхьэ зэгухьэныгъэхэм якъуэтыным, лъэпкъым щыщу зи адэжь лъахэ къэзыгъэзэжыну хуейхэм ядэIэпыкъуным телэжьэныр ДАХ-м и къалэнщи, а Iуэхугъуэхэми сыт щыгъуи и нэIэ тетынущ.
Мы зэпсэлъэныгъэр къэзгъэсэбэпу иужь лъэхъэнэм зи пашэу сыщыта ДАХ-м и Хасащхьэми ГъэзэщIакIуэ гупми хэтхэм дэтхэнэми фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт. Псоми ди зэхуэдэ лъэпкъ Iуэхум ахэр гу къабзэ псэ къабзэу бгъэдэтщ, яхузэфIэкIи къамыгъанэу адыгагъэм толажьэ.
Апхуэдэу фIыщIэ яхуэсщIынут КъБР-м, КъШР-м, АР-м я унафэщIхэми, дызыдэлажьэ къэрал къулыкъущIапIэхэми, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм хэт цIыху жыджэрхэми. ДАХ-м и лэжьыгъэм я нэIэ тету, сыт щыгъуи къытщIэупщIэу, ди Iуэху зыIутыр зэрагъащIэу, дызыхуэныкъуэмкIэ зыкъытщIагъакъуэу щытщи, Тхьэр арэзы къахухъу!