КIуэкIуэ Казбек зи чэзу Iуэхухэм ятеухуа упщIэхэм жэуапхэр щритащ республикэм и телеканалымКIуэкIуэ Казбек зи чэзу Iуэхухэм щытепсэлъыхьащ «КъБР 1» телеканалым. Редактор нэхъыщхьэ Конаревэ Наталье республикэм и Iэтащхьэм Iуэхугъуэ тIощIым нэблагъэкIэ еупщIащ. Псалъэмакъым къыхэщащ экономикэм зэрызиужьыр, абы и лъэныкъуэкIэ пандемием къихьа зэраныгъэхэр, уз зэрыцIалэм пэщIэтынымкIэ иджыпсту ди щIыналъэм щызэфIагъэкIхэр, бизнесым и Iуэху зыIутыр, инвестицэ проектхэр гъэзэщIэным хиубыдэу инфраструктурэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр. КIуэкIуэ Казбек гурыIуэгъуэу тепсэлъыхьащ гъуэгухэр ухуэнымрэ туризмэм и IэнатIэм зегъэужьынымрэ гулъытэ хэха щIыхуищIым и щхьэусыгъуэхэм, апхуэдэу республикэм и жылагъуэхэм я теплъэм зэрызихъуэжын хуейуэ къилъытэхэм. Абы зэпкърихащ инфраструктурэ ухуэныгъэр социальнэ проектхэм щыхабжэр, ди промышленностым зегъэужьынымкIэ иджыпсту щыIэ хэкIыпIэхэр. Мэкъумэш хозяйствэм, социальнэ IэнатIэм, щэнхабзэм, спортым, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм я IэнатIэхэм иджыпсту щекIуэкI лэжьыгъэхэми интервьюм увыпIэшхуэ щаубыдащ.
Поделиться:
Читать также:
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
12.07.2026 - 11:18 →
ЦIыхугъэм къегъэув я цIэр къыдэхыжыныр
12.07.2026 - 11:18 →
Анэшхуэ
11.07.2026 - 13:45 →
Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||




