КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Меняйло Сергей ехъуэхъуащ ар Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Iэтащхьэу зэрыхахамкIэ![]() «Си лэжьэгъу икIи си ныбжьэгъу, пщIэ зыхуэсщI Меняйло Сергей Иван и къуэм Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Iэтащхьэм и къулыкъум зэрыхахамкIэ си гуапэу сохъуэхъу! - Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иритхащ КIуэкIуэ Казбек. - УнафэщI къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр иIыгъыу къэралым и щIыналъэ щхьэхуэхэм щыщылажьэм игъуэта зэфIэкIым и фIыщIэкIэ езыр щалъхуа Осетие Ищхъэрэм къыпэщыт социально-экономикэ къалэн инхэр Сергей Иван и къуэм зэрыдигъэкIыфынум, республикэм исхэм я плъапIэхэм яхуэфащэу зэрыщытыфынум икIи абыхэм я дзыхьыр зэригъэпэжынум шэч къытесхьэркъым. Сергей Иван и къуэм сохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэну, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм щыпсэухэм- ди гъунэгъуфIхэм икIи ди къуэшхэм фIыгъуэ къахузэгъэпэщыным хуэгъэза и лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ инхэр къыщихьыну. Осетие Ищхъэрэм ис псоми мамырыгъэ, фIыгъуэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну си гуапэщ».
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
05.07.2026 - 10:00 →
ЗэбгрыкIыжащ ящIэнур яубзыхуауэ
04.07.2026 - 13:00 →
ГуащIафIэщ Астемыр
| ||





