ГъэпцIакIуэхэм защыфхъумэУрысейм и МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и СУ-м и следователхэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ, Екатеринбург къалэм щыпсэум УФ-м и Уголовнэ кодексым и 159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэм (гъэпцIэныгъэ) хуэдэу 5 илэжьауэ шэч хуащIу. Следствэм къызэритымкIэ, 2020 гъэм и накъыгъэм цIыхухъум «джерси» лъэпкъым щыщ жэм сом 38000-кIэ ищэу хъыбар социальнэ сетым ирилъхьащ. А Iэщым къыщIэупщIэхэм цIыхухъур щепсалъэкIэ, уасэм щыщ Iыхьэр и банк счетым къралъхьэну, щыпсэу щIыпIэм жэмыр нэса нэужь къэна ахъшэр кърагъэхьыну яжриIэрт. ГъэпцIакIуэм и лей ятехьащ республикэм щыпсэу цIыхуитхум - псори зэхэту абы сом мин 75-рэ якъыIэрыхьащ. Ахъшэр Iэрыхьа нэужь цIыхухъум телефоныр игъэункIыфIырти, мыдрейхэм зыпащIэну Iэмал яритыртэкъым. Iэрыхьа ахъшэр и щхьэ IуэхукIэ къигъэсэбэпауэ къыщIэкIащ. Зэрагъэкъуаншэ уголовнэ Iуэхур судым ягъэхьащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|