ГъущIхэкIри къыIэрыхьакъым, и ахъшэри хикъуащПрохладнэ къалэм щыпсэу, илъэс 21-рэ хъу щIалэм гъущIхэкI къызэрищэхумкIэ хъыбарыр Интернетым ирилъхьащ. ФокIадэм и 16-м абы деж псэлъам ведомствэхэм я зым и лэжьакIуэу зыкъригъэцIыхури, къелъэIуащ и унэм кIуэуэ зэхуихьэса гъущIхэкIыр къищтэну. Прохладнэдэсыр абы и деж щыкIуэм, ар аргуэру къэпсалъэри, зыпэмыплъа гугъуехь къызэрылъыкъуэкIам къыхэкIыу, абонент номеритIым сом 5 400-рэ ирилъхьэну, апхуэдэуи зы кIэнфет пхъуантэ къыхуищэхуну къыжриIащ. Ахэр игъэзащIэу щIалэр къыхуагъэлъэгъуа хэщIапIэм щынэсам, ар къызэрагъэпцIар къыгурыIуащ. А махуэ дыдэм щIалэм Урысей МВД-м и «Прохладнэ» къудамэм зыхуигъэзащ икIи уголовнэ Iуэху къаIэтащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|