ПсэзэпылъхьэпIэщ Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгурМэрем жэщым ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ и щыгум дунейр хуабжьу къыщызэIыхьащ: жьапщэ ин зыщIэт уэшхымрэ уэсымрэ зэхэзэрыхьыжауэ зы секундым метр 70-м нэс я хуабжьагъыу борэныр зэрызохьэ. Апхуэдэ щытыкIэм хиубыдащ Европэм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм хуэкIуэ альпинист 19-р. Метр 5300-м нэблэгъауэ абыхэм яхуэмыхьыжыххэ хъуащ икIи икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу къэлъэIуащ. Хъыбар къазэрыIэрыхьэу, МЧС-м и къегъэлакIуэхэр псынщIэ дыдэу гъуэгу теуващ. Жьапщэми, уаеми, псэзэпылъхьэпIэми къапимыкIуэту абыхэм къалъыхъуэу хуежьащ борэным зэщIиIулIахэр. Къегъэлыныгъэм занщIэу хузэщIагъэуIуащ техникиблкIэ зэщIэузэда псэемыблэж щIалэ 20-рэ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|