Гъэр яхуэфIащ

Бахъсэн щIыналъэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и управленэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мы илъэсыр мэкъумэшыщIэхэм яхуэIеякъым. Бжьыхьэм и зэхуэдитIыр уэтIпсытIу щыта пэтми, гъавэр кIэрыхуншэу кърахьэлIэжащ. Иджыпсту абы хащыкIыпхъэр хащыкI, ягъэтIылъыпхъэр гъавэ хъумапIэхэм ирашалIэ.

Мы гъэм сэхурану гектар мини 3,5-м щIигъу яIащ икIи ар кIэрыхуншэу кърахьэлIэжащ. Псом хуэмыдэу сэхураныр бэв яхуэхъуащ Ислъэмей, Бахъсэненкэ жылагъуэхэм я бэджэндырылажьэхэм.

- Гъавэм и бэвагъыр сыткIи елъытащ иджырей технологиещIэхэм я къэгъэсэбэпыкIэм. Къурмэн Алисэхьрэ Улымбащ Зауррэ гъэ псом Iуэхум хуэбэлэрыгъакъым. Къапщтэмэ, Къурмэным и хозяйствэм гибрид сэхуран лIэужьыгъуэу 12 щагъэунэху, лэжьыгъэри хъарзынэу ипэкIэ мэкIуатэ, - жиIащ управленэм и унафэщI Къаскъул Хьэмидбий.

 Гибридхэм я дэтхэнэри ди щIыналъэм и дуней щытыкIэм сыткIи къезэгъыу, бэвагъкIи ущыгугъ хъуну къыхахащ. Опытнэ хозяйствэхэм я сэбэпкIэ щIыналъэм и адрей хозяйствэхэри жылапхъэфIхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэща хъунущ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: