Пщыхьэщхьибл

ЛIы Iущ гуэрым и деж щIалэ къэкIуащ чэнджэщ хуейуэ.
- ГъащIэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр щызиIэщ - си лэжьыгъэ IэнатIэр фIыщ, лъапсэ екIу сухуащ, ныбжьэгъу си куэдщ. Ауэ къэсшэну сытегушхуэркъым. Псэгъу сщIыну сыхуейщ хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, сыкъызыгурыIуэ, къысхуэпэж бзылъхугъэ. Дапщэ зэзмыгъэцIыхуами, сигу ирихь хьэлхэр яхэслъэгъуакъым. Иужьым бзылъхугъэу дунейм тетыр зэщхьу, сызыхуей яхэмыту къэслъытащ. Ярэби, дауэ къэзгъуэтыну унагъуэ зыдэзухуэн, си гум къыдыхьэн?
- Сэбэп сыпхуэхъуфынущ. Ауэ жэуапу уэстынум сегупсысыну зэман сыхуейщи, пщэдей пщыхьэщхьэ къакIуэ,- жиIащ лIы Iущым.
ЕтIуанэ махуэм, зэрызэгурыIуам тету, щIалэм къытриггъэзащ. Бысымым шей игъэвэхукIэ, щIалэм зыригъэцIыхуа хъыджэбзхэм ящыщщ зым и хъыбар хуиIуэтэну елъэIуащ.
ХьэщIэр тепсэлъыхьащ и япэ лъагъуныгъэм, лIым зы псалъи къыдигъэувакъым, арэзы дэхъуу зэзэмызэ и щхьэр игъэсыса мыхъумэ. Апухэдэу жэщыку хъуху зэбгъэдэсащ.
-Егъэлеяуэ хъыбар гъэщIэгъуэн сыкъебгъэдэIуащ, - жиIащ лIы Iущым,- ауэ, ноби си жэуапыр хьэзыркъым. Пщэдеи къакIуэ.
ПщыхьэщхьихкIэ щIалэр кIуащ лIы Iущым и деж. Ар тепсэлъыхьащ гъащIэм зыхуиша бзылъхугъэхэм: хэт нэхъыщIэт, хэт нэхъыжьт, хэт къулейт, хэт хуэмыщIат, хэт дахэт, хэт Iущт, хэт къызэрыгуэкIт.     Пщыхьэщхьэ къэси лIы Iущыр и хьэщIэм едаIуэрти, етIуанэ махуэм къэкIуэну жриIэурэ иутIыпщыжырт. Ебланэ махуэм щIалэм и хъыбарыр иуха нэужь, бысымым жиIащ:
-Мис мы хъыбарыр псом нэхъ сигу ирихьащ. Уэ сэ си шейхэм щыщу дэтхэнэр нэхъ къыпIурыIэфIа?
- Си упщIэхэм я жэуапым сыпэплъэурэ, шейм сегупсысакъым. Ауэ пщыхьэщхьэ къэс шей удзыфэу си гугъэжщ дызэфар.
-Шейхэр зэмыщхьщ.: зым уи гур егъэпсэху, зым укъегъэнэжэгужэ, адрейм уи акъылыр егъэжан. Ар зыхэпщIэн папщIэ зэман уиIэн, гулъытэ пхэлъын хуейуэ аращ. ПщыхьэщхьиблкIэ сэ згъэващ шей лIэужьыгъуибл. Пщэдей пщыхьэщхьи укъэкIуэн?
- Хьэуэ,- жиIащ щIалэм,- сыкъэмыкIуэми хъунущ. Си упщIэм жэуап игъуэтащ.
 

 

ЗэзыдзэкIар Гъуэт Синэщ.
Поделиться:

Читать также: