Анэдэлъхубзэм и кIыщым щылъащэ егъэджакIуэ

 «ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ», — итхауэ щытащ Паустовский Константин. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр и анэдэлъхубзэрамэ, цIыхури цIыху зыщIыжыр и бзэм хуиIэ щытыкIэрщ. Зым и дежкIи щэхукъым, курыт еджапIэр анэдэлъхубзэм и къигъэхъуапIэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. Абы узыщрихьэлIэ егъэджакIуэращ уи бзэм хуэпщIыну пщIэр, лъытэныгъэр, уи лъэпкъ гупсысэр зэрызэфIэувэнур зэлъытар. Апхуэдэ егъэджакIуэ гумызагъэхэм, анэдэлъхубзэм хуэлэжьэным зи гъащIэр тезыухуахэм ящыщщ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм къыщалъхуа, Инарыкъуей курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Хьэрэдурэ Эммэ.
Илъэс тIощIрэ тхум щ1игъуауэ  а IэнатIэ мытыншым пэрыт егъэджакIуэм и бзэм хуиIэ лъагъуныгъэм хэхъуэ зэпытщ. ЦIыхум и псэм фIэфI Iуэху ищIэмэ, къохъулIэ. Эммэ иригъэкIуэкI дерсхэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэ зэрищIын, еджакIуэ цIыкIухэр бзэм зэрыдригъэхьэхын Iэмалхэр къелъыхъуэ икIи къегъуэт. Хьэрэдурэм иригъаджэ ныбжьыщIэхэр щIыналъэм, республикэм адыгэбзэмкIэ щрагъэкIуэкI зэпеуэхэм щIэх-щIэхыурэ къызэрыщыхэжаныкIым и мызакъуэу, езым и щапхъэм тету егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэри мымащIэу къахэкIащ абыхэм.
  Шэч хэмылъу, дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм хэтщ и дуней тетыкIэм пэгъунэгъу, зыдэплъей егъэджакIуэ. Апхуэдэу сэ сиIащ Хьэрэдурэ Эммэ.
  ПэщIэдзэ классхэм адыгэбзэкIэ дерс псори щыдагъэджами, бзэм лъагъуныгъэ щыхуэсщIар ар нэгъэсауэ фIыуэ зылъагъу, абы пщIэ хуэзыщI егъэджакIуэм срихьэлIа иужьщ. Абы и бзэм, ар сабийхэм зэрахущытым, къахуигъуэт бгъэдыхьэкIэм куэд зэрелъытар сэ иужькIэщ къыщызгурыIуар. Эммэ егъэджэныгъэм къару къызэрыхилъхьэр нэрылъагъущ, ар абы ятрегуэшэж иригъаджэхэм. АпхуэдизкIэ ди бзэм пщIэ хуэтщIу дригъэсат Хьэрэдурэми, си насып кърихьэкIыу КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм сыщыщIэтIысхьам, лъэпкъ Iуэху си пщэ къыдалъхьауэ къысщыхъужырт.
 
  Анэдэлъхубзэм и кIыщым щылъащэхэм ящыщщ егъэджакIуэр. Абы сабийм и гущIэм щыхисэ жылэм лъэпкъым и натIэ хъунур куэдкIэ елъытащ. «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм гумызагъэу зыхуэзыгъэхьэзыру хэтахэм, пашэныгъэр щызыубыдахэм ящыщщ Хьэрэдурэ Эммэ. Адыгэ тхакIуэхэр къызэралъхурэ илъэс бжыгъэ дахэ щрикъукIэ, лъэпкъым и махуэ хэхахэм ирихьэлIэу абы игъэхьэзыр урок зэIухахэр сыт и уасэ?! А псом ефIэкIыжу, къуажэдэсхэри лъэпкъ Iуэхум къихишэн хузэфIокI. Абы къызэригъэпэщ пшыхь гъэщIэгъуэнхэм жылэдэсхэм яфIэфIу зыкърагъэхьэлIэ. Апхуэдэу щIыналъэм щыпсэухэм я пащхьэ   Iуэху инкIэ ихьат егъэджакIуэр. Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ УФ-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 85-рэ щрикъу 2016 гъэр тхакIуэм и илъэсу ДАХ-м игъэувати, абы хуэгъэпса пшыхь езы Исхьэкъи, нэгъуэщI республикэхэм, хамэ къэралхэм къикIа хьэщIэхэри хэту Тэрч къалэ щригъэкIуэкIащ.
  Бзэр хъумэным, ар щIэблэм фIыуэ егъэлъагъунымкIэ зэфIигъэкI лэжьыгъэ иным папщIэ фIыщIэ, щIыхь тхылъ куэд къыхуагъэфэщащ Эммэ, ауэ езым и дежкIэ нэхъыщхьэр абы иригъаджэхэм я гум къыщигъэуш лъагъуныгъэрщ. АбыкIэ Iэзагъэ ин бгъэдэлъщ Хьэрэдурэм.
  Дэтхэнэ сабийми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэзыгъуэт, бзэ зырызкIэ епсэлъэф егъэджакIуэ набдзэгубдзаплъэм иригъаджэхэм я деж пщIэ лей, фIэлIыкI щиIэщ. Дуней тетыкIэ екIу, хабзэ, акъыл жан, цIыхугъэ лъагэ зиIэ Эммэ цIыкIухэми фIыуэ къызэралъагъур шэч къызытумыхьэнщ. Сабийр къыпхуэгъэпцIэнукъым, дахэ защIэкIэ къыдумыхьэхмэ. УемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым махуэ лъапIэхэм деж Эммэ ныбжьыщIэхэм къыхуащI гулъытэм.
 Хьэрэдурэ Эммэ иригъэджа псоми къабгъэдэкIыу, егъэджак1уэм  и махуэмкIэ сохъуэхъу,  илъэс куэдкIэ ефIакIуэу  и IэщIагъэм ирилэжьэну ди гуапэщ. 

 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу