Лъэпкъым теухуа гупсысэхэр

  Адыгэ хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ… Я хьэл-щэн, гупсысэкIэ, шыфэ-лIыфэ, IуэхущIафэкIэ зэтехуэрэ е зэщхьэщыкIрэ ахэр? Сыт хуэдэ хэхэс гъащIэр зи натIэхэм я псэукIэр? Сыт къитIасэрэ Хэку лъагъуныгъэм и къарум? ЛIэужьыр лъымрэ къупщхьэмрэ ямыгъэкIуэдыр пэж? Лъэпкъым гъунэгъу ухуэзыщI упщIэхэм цIыхухэм хуаIэ еплъыкIэхэр зэтехуэркъым.    Я гупсысэкIэ, гукъэкIыжкIэ къыддэгуэшащ хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж куэдрэ щыхьэщIэ, Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Бакъ Зерэрэ Истамбыл щыпсэу, Хэкум щIэх-щIэхыурэ къэкIуэж, зи IэщIагъэкIэ уэчыл Щоджэн Берсисрэ.
    Зерэ Истамбыл щыIауэ щытащ, абы щыпсэу адыгэхэр анэдэлъхубзэм хуригъаджэу. А Iуэхум и гугъу къытхуещIыж:
    - Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Истамбыл «Бахъчи Эвлер» («Жыг хадэхэр») хасэм «Хэку» зэгухьэныгъэм сигъэкIуат, адыгэбзэмрэ адыгэ щэнгъасэмрэ абы къекIуалIэхэр хуезгъэджэну. Хасэм и тхьэмадэр Шокъул Илъхьэнт. Бзэр зрагъэщIэнкIэ егъэлеяуэ гугъэу зэхуэсатэкъым япэу есэпхэр щезгъэкIуэкIым кърихьэлIа цIыху зытхухыр. Хэкум къикIа зрагъэлъагъуну яфIэгъэщIэгъуэну арат. ИтIанэ, зым адрейм жриIэжурэ, нэхъ къызэхуэс хъуахэщ, ныбжьэгъуи дызэхуэхъуащ.
    Зерэ абы щригъэджахэм ящыщщ Щоджэн Берсис. А зэманым Берсис хуиIэ гукъэкIыжхэр гъэщIэгъуэнщ.
    - «Къэбэрдейм щыщ профессор ди хьэщIэщи, хасэм къекIуалIэ» - жаIэри къысхуаIуэхуат. Сыхуэмейуэрэ, сыщхьэхыурэ «Бахъчи Эвлер» хасэм и тхьэмадэ Ильхьэн и хьэтыркIэ секIуэлIа хъуауэ арат, пэжым ухуеймэ. Зэ-тIэу есэпым зрезгъэхьэлIэу пысчыжын си гугъат. АрщхьэкIэ, хуэм-хуэмурэ сыдихьэх хъуащ. СемыкIуалIэмэ, абы щызэхэсх адыгэбзэр къызэрысхуэтыр зыхэсщIэрт. ИтIанэ, абы сыщыкIуэну зэманыр къысхуэмыгъэсу сыпэплъэ хъуащ. Си закъуэкъым, ар куэдым къащыщIат. Хасэм къекIуалIэхэри, ныбжьэгъу дызэхуэхъуат. ДызэпищIэрт зы гупсысэ иным - лъэпкъым теухуам.
Бакъ Зерэ: Берсис хасэм къекIуалIэхэм я нэхъыщIэт. АпхуэдизкIэ псоми къахэщхьэхукIырти, и гум зыгуэрхэр щигъэтIылъауэ зэригъэтIыгъуэр нэрылъагъут. «Сэ адыгэбзэ тIэкIу седэIуэнщ…» жиIэрти, жыжьэу къытхэплъэу къэтIысырт гувауэ къыщыкIуахэм деж. Адыгэбзэм едэIуэн гупсысэрщ Хэкум къизышэжари.
    -Зерэ, уэ дауэ къыпщыхъурэт хасэм и зэхэтыкIэр, сыт хуэдэт абы щыIэ адыгэхэр?
    - «Бахъчи Эвлерыр» тIэкIу нэхъ дэхуэхауэ къалъытэхэм ящыщт. Истамбыл щыIэ хасэ куэдым сахыхьащ, сахэтащ, ауэ мыбы хуэдэу спэгъунэгъу хъуа къахэкIакъым. Мыхэр къызэрыгуэкIт. «Дэ адыгэ дыхъужыну? ДалъэщIыхьэжыну адрейхэм?» - жаIэрт езгъаджэхэм. Ауэ сэ гу лъыстат, ахэр адыгэу къызэрынам. Дэтхэнэри Хэкум къихьэжамэ, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ, къытхэсыхьыжынут. Я къэшэгъуэ нэса пэтми, унагъуэ зыухуа яхэттэкъым щIалэхэм. Я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри, адыгэ псэгъу ящIыну зэрыхуейрт. Зэщхьтэкъым си еджакIуэхэр. Зыр адрейм къыщхьэщызыгъэкI хьэл-щэн зырыз яхэплъагъуэрт. Ауэ… нэхъыщхьэу гу зылъыстари?! Псори ди плъыфэт. Ди къуажэм сыдыхьэжауэ, ди хьэблэм сыдэту къысщыхъурт абыхэм сащыхэтым деж. Лъэпкъыр лъэпкъыу къэнэнуми, хабзэр сыт хуэдэу хузехьэнуми къызэрыпщIэну щыIэри? И нэкIурщ. И теплъэрщ имыхъуэжу къэнэн хуейр. Бзэр щхьэ куцIым щыгъэтIылъауэ ихъумэу аращи, гукъыдэж иIэрэ иужь ихьэмэ, къещтэжыф. Хабзэри Iэмал имыIэу бзэм къыдокIуэж. Хасэм щыIэхэр псори адыгэ дыдэ дыхъужырт дыкъэгубжьауэ дыщыпсалъэм и деж е зы Iуэхугъуэ гуэрым дыхыхьэпауэ дыщытепсэлъыхькIэ. Абы щезгъэджауэ, си ныбжьэгъуфIу къэнащ Балъкъэрхэ Джумхур, Сэбэхьэтдин, Мэжид, Бэвыжь Низаметтин, Джэрыджэ Аднан, Чолакъ Камуран, Щоджэн Берсис, Шыбзыхъуэ Чэгълэян, Шэрэкъу Хьэмид, Жылэхьэж Эрдоган, Ибрэхьим Оздемыр, Хьэмид Есэн сымэ. Дэтхэнэми хужыпIэн куэдщ, дэтхэнэми гупсысэкIэ щIэщыгъуэ иIэщ.
    - Дапхуэдэ щIыкIэкIэ ябгъэдэплъхьэрэт бзэр?
    - Япэу дахагъэм дегъэхьэхын хуейти, усэкIэ яхэслъхьэн щIэздзащ. «Шиир (усэ) адыгэхэм ятхыу тщIакъым»,- жаIэу ягъэщIагъуэрт. ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ я усэхэмкIэ къыщIэддзащ. Ауэ… ЩоджэнцIыкIур къайгугъуэкIрэт?! Абы зыкъомрэ схуегъэсакъым. «Алий цIыкIу» фIащауэ, абыкIэ еджэхэрт. Пщыхьэщхьэ гуэрым, «Зэгуэр пщIыхьэпIэу услъэгъуащи, Жэщ къэскIэ жьыуэ согъуэлъыж…» псалъэхэр зыхэт КIыщокъуэм и усэр зэпкърытхырт, дылэжьэну иджыри зэман тIэкIу къытхуэнауэ, Балъкъэр Джумхур щIэкIыжыну къэтэджыжауэ щытащ: «Жьыуэ дыгъуэлъыжын хуейщ», жиIэри. ЩоджэнцIыкIум и «Нанэ» усэр гукIэ щызрагъэщIар щэ!.. Тенджыз Iуфэм къыщеджэхэрт…
    АлфавиткIэ къыщIэздзамэ, зыри схуагурыгъэIуэнутэкъыми, ар иужьым къизнащ. Бзэри щэнхабзэри яхэслъхьауэ, зыхезгъэщIауэ схужыIэнущ. Дауэ хъуами, Хэкум зэ нэхъ мыхъуми къихьэжын зэрыхуейр ягурыIуат.
    - Берсис, Хэкум, бзэм хууиIэ лъагъуныгъэр дэнэ къыщежьар? Е ар псалъэкIэ къыпхуэмыIуатэ гурыщIэ?
    - ДыщыцIыкIум унагъуэр адыгэбзэкIэ дыпсалъэу щытащ. Ауэ школым ди бзэкIэ дыпсэлъэныр къыщытпаубыдырт. Хамэм уахэсмэ аракъэ - дыкъыдэкIуэтеиху бзэр нэхъ тIэщIэху хъурт. Ауэ… зэхэщIыкI уиIэ хъуа нэужь, гупсысэ гуэрхэр езыр-езыру щыбубзыхуж ныбжьым унэсамэ, бзэм и Iуэхур къыбгуроIуэ. I999 гъэм Анкара щыIэ Адыгэ хасэм сыкIуауэ, «Адыгэбзэ» жиIэу тету тхылъ къыщыслъэгъуащ. Зэпысплъыхьри, бзэр зэбгъэщIэнымкIэ сэбэп зэрыхъунури къэслъытащ. Апхуэдэ къэсщэхури, сэр-сэру си бзэр зэзгъэщIэжу щIэздзащ. АдыгэбзэкIэ тха гуэр къысIэрыхьэмэ, макъкIэ сыкъеджэрт, зызгъасэрт. А зэманхэм Кавказ къафэхэмкIэ гуп къыщызэрагъэпэщат Истамбыл. Абы щIэхыу сыхыхьащ. Ди фащэр щыстIэгъат, сыкъэфат, пшынэм сеуат…. Зери Хэкум и хъыбар гуапэ куэд дригъэдэIуати, бзэм и дахагъэм лъэныкъуэ куэдкIэ гу лъыдигъэтат. Арати, сегупсысащ: Мы дахэ къомыр къыздикIам сымыкIуэу хъунукъым»- жысIэу. 2007 гъэм япэу Хэкум сыкъихьэжащ.
    - Сыт абы щыгъуэ зыхэпщIар?
    - НэгъуэщI дуней гуэр сыкIуэу къысщыхъурт сыкъыщежьам. Кхъухьлъатэм сыкъыщехым, слъагъухэр си фIэщ мыхъуу зысплъыхьырт. Сурэти тесхынути, ар къысхуадатэкъым. ЩIым сыщытеувам… ШкIащIэр, Iуэм къыщIэувыкIауэ япэ лъэбакъуэхэр щичым деж, и щытыкIэр гъэщIэгъуэнкъэ?! Абы срещхьт. Слъагъухэр сфIэтелъыджэт. Жэщым згъэщIагъуэрт: «Мазэр мыбыи щызолъагъури!» - жысIэу. Мыбы исхри мыIэрысэ здэсхьат Истамбыл. «Мы мыIэрысэр дыдейхэм ещхьи!» -игъэщIагъуэрт си къуэшми.
    Бакъ Зерэ Истамбыл хасэм щригъэджа щIалэхэр Хэкум къихьэжрейхэщ. КъэIэпхъуэжыпэу, унагъуэ зыухуэжаи яхэтщ. Дэтхэнэми хэлъщ адыгэ щэн, псэкIэ Хэкум пыщIахэщ. Нэхъыщхьэр, а гурыщIэр къэгъэушын хуейуэ арати, бзэм и дахагъэр зыхэзыщIэ егъэджакIуэр абыкIэ сэбэп хъуащ.

 

Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: