«Си лъэпкъым и хабзэмрэ бзэмрэ нэхъ къасщтэрт»

    Сэрахъэ Алан илъэс II-кIэ Москва къалэм щыпсэуащ, технологие IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ, APPLE, HP, DELL, NETAPP, CISCO, ADOBE, COREL компаниехэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, сабийхэм пасэу зыщрагъэужь, «Я сам» зыфIища IуэхущIапIэр къызэIуихри, илъэситIкIэ игъэлэжьащ. 20I8 гъэм къыщыщIэдзауэ 2020 гъэ пщIондэ Сэрахъэр «Черкесский ренессанс» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ. Иджыпсту ар КъБР-м «Шынагъуэншэ республикэ» и къэрал IуэхущIапIэм и лэжьакIуэщ, республикэм и «Глонасс» РНИЦ-м и унафэщIщ.
    - Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуэжыныр зы махуэ гуэрым нэху сыкъекIыу асыхьэту си щхьэм къихьа Iуэхутэкъым. Москва илъэси 8 хуэдэкIэ сыщылэжьа нэужьщ хуэмурэ Къэбэрдейм сыкъэкIуэжыну сызэрыхуейм сегупсысу щыщIэздзар, - жеIэ Сэрахъэм. - Ауэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ абы щызгъуэтыну? Мы упщIэрат нэхъыбэм сыкъэзыгъэувыIэжыр. Ауэрэ унагъуэ сыхъужащ икIи сабий дгъуэта нэужь, нэхъ куууэ сегупсыс хъуащ а Iуэхум. ИкIэм-икIэжым сабийр цIыкIу щIыкIэ дыкъэкIуэжыным тезухуащ, ныбжьыщIэхэм пасэу зыщрагъэужь центр къызэIусхыныр си мураду. ЕтIуанэ сабийр къыщытхэхъуэм, ар махуэ 40 зэрыхъуу, кхъухьлъатэм дыкъитIысхьэри дыкъэлъэтэжащ. Ар щIыжысIэращи, дыкъыщалъхуа Хэкум дыкъыщIэкIуэжар псом япэу сабийхэращ, ахэр зыщыщ лъэпкъым хэсмэ, я бзэрэ я хабзэрэ ящIэжу къэхъумэ нэхъ тфIэфIти аращ. Абыи къыщымынэу, Москва къалэшхуэм елъытауэ узэрыбауэ хьэуа къудейр ди лъахэм нэхъ щыкъабзэщ, ерыскъыхэкIхэми нэхъ къэуат ящIэлъщ. А псор зэхэслъхьэжри, щIэблэр уи унэжь къыщыхъуныр зэрынэхъапэр къызгурыIуащ.
    Алан Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIафэ щыхъунум хигъэгупсысыхьауэ щытами, иджыпсту ехъулIэныгъэ иIэу, нэхъыщхьэращи, езым фIэгъэщIэгъуэну, щолажьэ КъБР-м «Шынагъуэншэ республикэ» и къэрал IуэхущIапIэм. Къэрал транспортхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу школ автобусхэм, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм, мафIэсгъэункIыфI IэнатIэм я машинэхэм кIэлъоплъ, бжыгъэ зыужьыныгъэр ирагъэфIакIуэ. IэщIагъэлIхэм абдеж цIыхухэм ящхьэпэну, я Iуэхухэр ядэзыгъэпсынщIэну сервисыщIэхэр къыщагупсыс, псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщ зыщ «яндекс транспортым» и Iуэхутхьэбзэхэр илъэсым и кIэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэтраухуэну зэрамурадыр. «ЦIыхухэм сэбэп дазэрыхуэхъун лэжьыгъэщ дызыпэрытыр. Абы къыхэкIыу ди къалэнхэр, къапщтэмэ, сыдихьэхыу согъэзащIэ, щIэ гуэрхэр гъащIэм зэрыхэтпщэнми и ужь дитщ», - жеIэ Сэрахъэм.
    ЩIалэм и зэфIэкIыр «Шынагъуэншэ республикэ» IуэхущIапIэм къызэрыщысэбэпыр и фIыгъэу жыпIэ хъуну къыщIэкIынщ ЕгъэджэныгъэмкIэ Москва академием и юридическэ факультетым щIэныгъэ зэрыщызригъэгъуэтамрэ менеджеру лэжьэн щIидзэу, къалэшхуэм IT технологиехэм хэпщIауэ зэрыщылэжьамрэ.
    Къыхэгъэщыпхъэщ, Сэрахъэ Алан жылагъуэ Iуэхухэми жыджэру зэрыхэтыр, псом хуэмыдэу «Черкесский ренессанс» щIыналъэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ лэжьыгъэхэм и гуащIэ зэрыхилъхьэр. ИлъэсипщI хъуауэ Iуэху щхьэпэ куэд къызэзыгъэпэщ зэгухьэныгъэм, зэрыжытIауэ, и унафэщIуи лэжьэну хунэсащ ар.
    - КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхумкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм дадолажьэ, ди проектхэр зэгъусэу идогъэкIуэкI. Дызыдэлажьэр щIалэгъуалэращи, ди гупсысэ нэхъыщхьэр абыхэм щIэныгъэ зэредгъэгъуэтынымрэ зэрызаужьынымрэщ зытеухуар. Псом хуэмыдэу егъэджэныгъэ, псапащIэ Iуэхухэр къызэрызэдгъэпэщыным дыхущIокъу, - дыхегъэгъуазэ Сэрахъэм.
    Иужьрейуэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа Iуэхухэм ящыщщ анэдэлъхубзэмкIэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ къызэрызэрагъэпэщар.    «Черкесский Ренессанс» зэгухьэныгъэм телефоным требгъатхэ хъууэ гуэдзэнхэр зэхигъэуващ, «Я благодарю», «Псапэ» фIэщыгъэхэр яIэу. ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цIыхухэм защIэгъэкъуэнырщ ахэр зытещIыхьар. Иджыри апхуэдэ мурад дахэ куэд яIэщ гъащIэм щагъэзэщIэнуи, ди гуапэщ ахэр къехъулIэну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: