ХъуапсапIэр IэщIагъэ хъумэ…

ФIым хуэпабгъэ, зи мурадхэр гуапэ щIалэгъуалэр лъэпкъым и дежкIэ гугъэ мыухщ. Апхуэдэхэм я зы щапхъэщ Алмэ Марьянэ. Ар Къармэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиухри, фIыуэ илъагъу егъэджакIуэ IэщIагъэм щыхуеджащ КъБКъУ-м и педагогикэ колледжым. Ар къиухри университетым педагогикэмкIэ и факультетым щIэтIысхьащ. Абы и магистратурэм щыхуеджэжащ педагогикэм и психологие унэтIыныгъэми. ЩIэныгъэ иIэу игъэзэжащ щеджа школым. ЕгъэджакIуэу лэжьэным Марьянэ дихьэхырт зэрысабийрэ.
- ПэщIэдзэ классым сыщыщIэсам щегъэжьауэ си гум быдэу ислъхьат егъэджакIуэ сыхъуну. Си егъэджакIуэхэм хуэдэ щымыIэу къэслъытэрт, ахэр къызэрыдэпсалъэр, дерсыр зэрырагъэкIуэкIыр, тхылъым дызэрыдагъэхьэх Iэмалхэр сфIэтелъыджэти, сыкъуещIеинуи, семыджэнуи сигу къэкIыххэртэкъым. Си егъэджакIуэхэм си гур якIэрыпщIат. Балигъ сыхъуа нэужьи сепцIыжакъым си сабиигъуэм къыхэсха хъуапсапIэм,- жеIэ абы. 
Пщащэм и гум IэфIу илъщ щыстудента илъэсхэр. Абы епха гукъэкIыж куэд иIэщ. Езым къызэрилъытэмкIи ар и гупсысэр щызэрыубыда, щIалэгъуэм и IэфIагъыр щызыхищIа, Iеймрэ фIымрэ зэхигъэкIыфу щеса зэман дахэщ. Студент гъащIэр абы къетащ ныбжьэгъуфIхэмкIи, Iуэхугъуэ щIэщыгъуэхэмкIи. Театрхэм, концертхэм, усэ пшыхьхэм и ныбжьэгъухэм я гъусэу кIуэрт, Iэмал имыIэуи зэплъам теухуауэ я еплъыкIэ зэраIуэтылIэжырт. 
Колледжыри, университетри диплом плъыжь иIэу къиухри, и IэщIагъэр игъэунэхуну къуажэ школым игъэзэжащ. 
- Сэ нэхъ цIыкIу дыдэхэрщ езгъаджэр. Япэу зыгуэр бгъэунэхуныр сыт щыгъуи гугъущ. ЩIэныгъэ зэбгъэгъуэтар зырикIщ, ар гъащIэм къыщыпхуэмыгъэсэбэпыжмэ. Пэжыр жысIэнщи, сэри тIэкIу сышынэрт япэ махуэхэм. «Сэ къысщыгугъу сабийхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ нэсу ябгъэдэзмылъхьэфмэ, си хъуапсапIэри лъэлъэжакъэ» жысIэу сегупсысырт. Ауэ щIэх-дыдэу сыхэзэгъащ. Сэбэп къысхуэхъуащ си егъэджакIуэхэм ядэслъэгъуауэ щыта щапхъэхэр. Иджыпсту сызыдэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыжьхэр сытым дежи си чэнджэщэгъущ. Езгъаджэ цIыкIухэр къызэсащи, абыи сегъэгушхуэ. Езыхэр гурыхуэщ, гугъу задебгъэхь къудеймэ, яжепIэр ягу ираубыдэ. Сэ псом хуэмыдэу солIалIэ абыхэм адыгэбзэри урысыбзэри ягъэшэрыуэу къэгъэтэджыным, пэжым тету гупсысэу егъэсэным. Ебгъаджэ къудейкIэ зэрымыхъунур къызгуроIуэри, икIи згъасэурэ пэщIэдзэ щIэныгъэр язот. УегъэджэкIуэн папщIэ псом япэр сабий фIыуэ плъагъунырщ. Абыхэм я псэ къабзэхэм ехуэбылIэн бзэ гуапэ пIурылъын хуейщ,- къыддогуашэ Марьянэ и IэщIагъэм и щэхухэмкIэ. 
И ехъулIэныгъэхэм нэхъ зыщыгуфIыкIауэ яхэтымкIэ дыщеупщIми абы и IэщIагъэрщ зытригъэщIар.
- Сызыщеджа школым сыщылэжьэну, фIыуэ слъагъу егъэджакIуэхэм сахэту апхуэдизу сигу зыхуэпабгъэ IэщIагъэм сыпэрыувэну хуит сыкъызэращIымкIэ хъыбар щызагъэщIам сылъэтэнут, дамитI стетамэ! СыпIащIэу хъыбарыфIымкIэ садэгуэшат си адэ-анэм.
ЗэрыегъэджакIуэм нэмыщI, Марьянэ бгъэдэлъщ нэгъуэщI зэфIэкIи. Макъ дахэ иIэщ, зэрыцIыкIурэ уэрэд жыIэным дехьэх. Школым зы зэхьэзэхуи щекIуэкIыртэкъым абы уэрэд щыжимыIэу. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэсми аращ - студентхэм я пшыхьхэм, «Студент гъатхэ» зэпеуэм хэтт. Зи макъ дахэм куэд дихьэх пщащэр пшыхьхэм ирагъэблагъэ, езыми и гуапэу утыку егъэдахэ. 
- Лэжьыгъэр ипэ изгъэщри, утыку къихьэныр нэхъ мащIэ хъуащ иджыпсту. Ауэ уэрэд жыIэныр схухыфIэдзэнукъым. Сыщыстудентым университетым и хорым сыхэтащ. А творчествэм щызиIэ лъагъуэр нэхъ бгъуфIэ щыхъуар «Стимул» уэрэджыIакIуэ гупым сыщыхыхьам щыгъуэщ. Абы щыдгъэзэщIа уэрэдхэри си псэм пэгъунэгъу защIэщ. Дзапэ уэрэду сиIэщ Къаныкъуэ Анфисэ итха «Къысхуэгъэгъу» жыхуиIэр. Сыт хуэдэ уэрэдхэм нэхъ удахьэхрэ жыпIэмэ, адыгэм и тхыдэрэ и шыфэлIыфэрэ къызыхэщхэрщ. Псом хуэмыдэу Урыс - Кавказ зауэм щыгъуэ зи хэку зрагъэбгынахэм я губампIэр зэрагъэва гъыбзэхэр. 
Зи гупсысэхэр гуапэ, IуэхущIафэр дахэ, щIэныгъэм хуэпэж, къызыхэкIа лъэпкъымкIэ пагэ Марьянэ и IэщIагъэм къыхих гурыфIыгъуэм мурадыщIэхэри къызэрыхуигъэщIынум, и зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэнум шэчи къытетхьэркъым. 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: