Пшынауэ Iэзэ хъуну и хъуапсапIэщ

Джэдмышх Дамир УхуэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр колледжым программист IэщIагъэм щыхуоджэ. Пшынэ еуэным, спортым дехьэх. ЩыцIыкIум телевизорым пшынауэхэр къыщигъэлъагъуэм деж, Дамир и гукъыдэжым зиIэтт, къытехьэрти къафэрт, уэрэд жаIэмэ, ядежьурт. Абы  гу лъызыта и адэ-анэм ар макъамэ школым ягъэкIуащ. Илъэси 9-м щегъэжьауэ Налшык щыIэ макъамэ школ №2-м щеджащ. Адыгэ пшынэм, макъамэ литературэм, фортопьянэм, оркестрым зэрыхэтым хурагъэджащ.
-Псом нэхъ си гум дыхьэр пшынэрат. Зы дерсым сыкъыщыщIэкIыжым деж, къыкIэлъыкIуэнум сыпэплъэрт. Макъамэ школым пшынэ еуэным сыщыхуагъэсащ Мэмэт Мухьэмэдрэ Вэрокъуэ Ларисэрэ. Абыхэм макъамэм сыдрагъэхьэхащ, - жеIэ Дамир.  
Макъамэ школым къиуха нэужь, пшынэ еуэным нэхъри зыхигъэгъуэзэну мурадкIэ хыхьащ. Джэдгъэфхэ Зауррэ ФатIимэрэ  къызэрагъэпэща «Пшыналъэ»  ансамблым. ЩIалэм жеIэ абы нэхъри зыужьыныгъэ щигъуэтауэ, пшыхь щекIуэкIым деж утыкум гушхуауэ къихьэфу зыщигъэсауэ. Гупым ящыщ зыуэ куэдрэ пшыхьхэм хэтащ, езы ансамблым я концерт щхьэхуи екIуэкIауэ щытащ.
Иджыпсту ар пшынэм хуегъасэ «Мелодия» ансамблым и унафэщI Къуэдз Михаил. Абы нэхъ зытригъащIэр и гъэсэнхэр пшынэмрэ макъамэмрэ хуэпабгъэу, яфIэфIу дерсхэм екIуэлIэнырщ. Сыту жыпIэмэ, сыт хуэдэ IэщIагъэми и щэху нэхъыщхьэр ар уи гум дыхьэнырщ.
    - Пшынэ сыщеуэкIэ си гур мэгуфIэ, пшынэ Iэпэм къизгъэкI макъамэм сызэрепхар зыхызощIэ.  ИкIи си хъуапсапIэщ пшынауэ Iэзэ сыхъуну! – къыддогуашэ пшынэм къырит гукъыдэжымкIэ.
    Дамир дехьэх «дзюдо» спорт лIэужьыгъуэм.
-Ар си дежкIэ спорт къудейкъым, пэжым ухуеймэ. Абы цIыхур хуигъасэу къысщохъу, Iэчлъэчагъэм нэмыщI, зэпIэзэрыту щытынми, зыIыгъыкIэ тэмэмми. ИлъэситI хъууэ аращ дзюдом сызэрыхыхьэрэ. ЕхъулIэныгъэхэри сиIэщ, куэдрэ сызыхэт зэпеуэхэм ящыщ зым япэ увыпIэ къызэрыщысхьами срогушхуэ, - жеIэ Дамир.   

 

 

Гъуэт Синэ.
Поделиться:

Читать также: