Бзэ дапщэ зригъэщIэфыну цIыхум?

Лондон дэт колледжым лингвистикэмкIэ и профессор Хадсон Дик упщIэ игъэуват: «Полиглотхэм ящыщу хэт бзэ нэхъыбэ дыдэ зыщIэр?».

«Си адэшхуэрагъэнщ!», - къыхуитхыжащ абы зы щIалэ, и цIэ-унэцIэр къраIуэну зэрыхуэмейр кIэщIэту.

Тхыгъэм и автор США-м щыпсэум жиIэрт и адэшхуэ итальянецыр блэкIа лIэщIыгъуэм и 10-нэ гъэхэм Сицилием къикIыу Америкэм зэрыIэпхъуар, ар зэи школ зэрыщIэмысар, ауэ бзэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу къызэрипхъуатэр. ЩIэныгъэ зимыIэ сицилиецым и ныбжьыр щыхэкIуэтам  бзэ 70 ищIэрт, абыхэм ящыщу 56-м иритхэфырт, иреджэфырт. 

 Ар Нью-Йорк щыIэпхъуам и ныбжьыр илъэс 20 хъууэ арат. ГъущIгъуэгу вокзалым хьэлъэзехьэу щылэжьэу арати, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ящыщ цIыхухэм ирихьэлIэрт, арагъэнщ бзэхэм яхуищIа лъагъуныгъэр къызыхэкIар.

Хьэлъэзехьэм и Iуэхур фIы дыдэу екIуэкIырт, ахъшэ хъарзыни къилэжьырт, зрихьэлIэ цIыхухэм елъытауи, бзэщIэхэр къищIэрт. Абы и къуэрылъхум зэрыжиIэжымкIэ, 50 гъэхэм адэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ дунейр мазихкIэ къызэхакIухьащ. Сыт хуэдэ къэрал къыщымыхутами - Венесуэлэ, Аргентинэ, Норвегие, Англие, Португалие, Италие, Грецие, Турция, Сирие, Египет, Ливие, Мароккэ, ЮАР, Пакистан, Индие, Таиланд, Малайзие, Индонезие, Австралие, Филиппинэхэр, Гонконг,  Японие – дадэр цIыхухэм зэрепсэлъэн бзэр ицIыхурт, фIыуэ игъэшэрыуэрт.

Таиландым щынэсам лIыжьым тай бзэр ищIэртэкъым, ауэ тхьэмахуитI щыIати, я къэкIуэжыгъуэм ирихьэлIэу псэлъэф хъуат. Тхыгъэм и автор къуэрылъхум дзэм къулыкъу щищIэу Таиландым зы илъэсрэ ныкъуэрэ щыIауэ къэкIуэжати, абы зэрызригъэщIам нэхърэ нэхъыфIу зэгуэр тхьэмахуитIкIэ а къэралым щыIа дадэр псалъэрт.

Полиглотым и къуэрылъхум жиIэрт, бзэхэр фIыуэ зыгъэшэрыуэр и адэшхуэм зэримызакъуэр, атIэ абы и адэжри бзэуэ щэм нэблагъэ ищIэу зэрыщытар.

Хадсон профессорым и упщIэм и жэуапу цIыхухэм къыхуатхащ итальян кардинал Меццофанти Джузеппе (1774-1849)  бзэ 72-рэ ищIэу зэрыщытар, абыхэм ящыщу 39-мкIэ шэрыуэу псэлъэфу къызэрекIуэкIар. Апхуэдэ дыдэу венгр зэдзэкIакIуэ Ломб Като (1909-2003)  бзэ 17-м ирипсэлъэфырт, иджыри II-кIэ къеджэфырт. Нэмыцэ Кребс Эмиль (1867-1930) бзэ 60 ищIэрт, псалъэм папщIэ ермэлыбзэр тхьэмахуи 9-м къриубыдэу зригъэщIат.  Абыхэм яхыубжэ хъунущ бзэ 24-рэ зыщIэу щыта нэмыцэ щIэныгъэлI Энгельс Фридрихи.

Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм «гиперполиглот» яфIищащ Хадсон Дик. Абыхэм профессорым яхебжэ бзих е нэхъыбэ зыщIэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ЩIы хъурейм и языныкъуэ плIанэпэхэм щыпсэухэм бзитху шэрыуэу зыщIэхэр яхэтщ. Псалъэм папщIэ, Швейцарием къэралыбзиплI щыIэщ, ахэри ящIэ, етхуанэу инджылызыбзэри нэхъыбэм зрагъащIэ.

Лингвистхэм, психологхэм, нейробиологхэм зэхагъэкI апхуэдэ цIыхухэм я щхьэкуцIым и зэхэлъыкIэр нэгъуэщIу арарэ я егугъуныгъэкIэ зэрагъэщIэрарэ. Псалъэм папщIэ, Шлиман Генрих дунейпсо коммерсанту зэрыщытым ипкъ иткIэ, бзэ I5 зригъэщIэн хуей хъуащ, къимыгъэсэбэпу хъуртэкъыми. ЗэрыжаIэжымкIэ, кардинал Меццофанти Италием зэрыщыпсалъэ бзэ нэхъ цIыкIухэм ящыщ зыгуэр зы жэщым зригъэщIат, пщэдджыжьым щхьэпылъэ ящIыну зы щIалэ-щIэпхъаджащIэм и иужьрей псалъэхэм щIэдэIужын хуейти.

Бзэ куэд зыщIэ цIыхухэм ятеухуауэ мыаэрзыныгъэ къэзэIуатэхэр сыт щыгъуи щыIэщ. Апхуэдэу языныкъуэхэм шэч къытрахьэ Меццофанти бзэ 72-рэ ищIэу зэрыщытам. А къомыр зэбгъэщIэн папщIэ зэман дапщэ текIуэдэну? Бзэ къэс псалъэ мин 20 зэрыхэтыр къэплъытэмэ, цIыхум зы дакъикъэм къриубыдэу зы псалъэ зэрыхузэгъащIэм тепщIыхьмэ, бзэ 72-рэ зэбгъэщIэн папщIэ илъэситхурэ ныкъуэкIэ махуэ къэс сыхьэт 12-кIэ убгъэдэсын хуейщ. Апхуэдизыр зэбгъэщIа нэужьи, пщымыгъупщэжу урипсэлъэфын щхьэкIэ, зэман дапщэ тебгъэкIуэдэн хуей?!

Лингвистхэм къызэралъытэмкIэ, абы пхузэфIэмыкIын хэлъкъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Массачусетскэ технологие институтым (США) щылажьэ  Флинн Сюзаннэ къызэрилъытэмкIэ, цIыхум и акъылыр бзэ дапщи хузэгъэщIэн хуэдэу ухуащ, зэман хурикъумэ. Гарвард университетым (США) щыщ Пинкер Стивени бзэ куэд зэбгъэщIэным ямылей хэлъу къыщыхъуркъым, ауэ зи ухуэкIэкIэ зэщхь бзэхэр пфIызэхэзэрыхьынкIэ хъунущ. 

Китайм щыIэ Германие посольствэм зэдзэкIакIуэу щылэжьа, нэмыцэ гиперполиглот Кребс и щхьэкуцIым щхьэхуэныгъэ гуэрхэр иIэу къахутащ. Ауэ ар иIэу къалъхуарэ бзэ 60-м щIигъу зригъэщIа нэужь, апхуэдэу хъуарэ зыми ищIэркъым.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: