Дивизэ цIэрыIуэм хэта Къардэн Хьэзиз

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта,   Къэбэрдей-Балъкъэрым   къыщызэрагъэпэщауэ щытащ 115-нэ шууей дивизэр къызэрызэрагъэпэщрэ мы махуэхэм  илъэс 80 ирокъу.  Тхыдэ хъумапIэм щIэлъ дэфтэрхэм къызэраIуатэмкаIэ, СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым I94I гъэм и щэкIуэгъуэм  къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, лъэпкъ щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщын хуейт дзэ частхэмрэ зэгухьэныгъэхэмрэ. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Дзэ Плъыжьым зауэлIхэр зэрахуримыкъурт, апхуэдэуи Iуэхум халъытащ лъэпкъ щIыналъэхэм ящыщу фронтым ираджэ зауэлI куэдым урысыбзэр зэрамыщIэр, абы къыхэкIыуи  нэхъ гугъу  хъурт ахэр зэуэным хуэбгъэсэну.

А псори и лъабжьэу  Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м, адрей лъэпкъ щIыналъэ куэдми хуэдэу,   а лъэхъэнэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ 115-нэ шууей дивизэр. Абы къащтэрт илъэс 35-рэ - 40 нэхърэ нэхъыбэ зи мыныбжь цIыхухъухэр. А шууей дивизэм хэхуауэ щытащ си адэ къуэш нэхъыжь Къардэн Хьэзиз Мурат и къуэр.

Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям щыгъуэ   Хьэзиз илъэс 18 ирикъуа къудейт. Ар я бын пажэт Щхьэлыкъуэ къуажэм дэс Къардэн зэщхьэгъусэхэу Муратрэ Лицэрэ. 1923 гъэм къалъхуа Хьэзиз къыкIэлъыкIуэу унагъуэм къихъуат Сурэтхъан (Цацэ) цIэ дахэр зиIэ хъыджэбз закъуэр,  щIалэ нэхъыщIэхэу Къанщобийрэ Тамбийрэ.  Зэщхьэгъусэхэр псэурт, властыщIэм декIуу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, пщIэрэ нэмысрэ яку дэлърэ я бынхэм хуаIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ  зэращIыным хущIэкъуу.   Сабийхэри къэхъурт жыIэщIэу, щIэныгъэм хуэпабгъэу, курыт школыр фIы дыдэу къэзыуха Хьэзиз я щапхъэу. Юрист IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтыну щIэхъуэпс а щIалэщIэм и мурадт  еджэным адэкIи пищэу и гуращэхэм ялъэIэсыну…

Совет цIыхубэм ящыщ зы унагъуэ закъуэм илъ щытыкIэт зи гугъу сщIыр. Апхуэдэут нэхъыбэр зэрырихьэлIар 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м - ди къэрал иным а лъэхъэнэм щыпсэуа дэтхэнэми      гуауэшхуэ къахуэзыхьа а махуэм. Щхьэлыкъуэдэсхэри арат. Зауэмрэ зэрыхьзэриймрэ я пIалъэ зыщIэ нэхъыжьхэр иригузасэрт къэхъуа бэлыхьым. Хэкупсэу, цIыху пэжу  жылэм дэсхэм я щапхъэ  комсомолец щIалэхэр фронтым Iухьэу бийм  пэщIэувэну илъэдэкъэщыкIырт.   Абыхэм ящыщт Хьэзизи. Зауэр къызэрыхъейуэ ар и ныбжьэгъу  гуп и гъусэу военкоматым кIуат, фронтым Iухьэну зэрыхуеймкIэ лъэIу тхылъи щIилъхьат. Гъэмахуэм къриубыдэу зауэм дашахэм яхэхуакъым Хьэзиз.  «Уэри уи чэзур къэсынщ, щIалэфI!» - къыжраIэурэ къыIуагъэкIыжырт абы,  и Iуэхур зыIутым щIэупщIэну    военкоматым кIуэхукIэ. А чэзури жыжьэжтэкъым.

Фронтым и хабзэхэм  хэзымыщIыкI сэлэт щIалэхэр зауэ хуэIухуэщIэхэм хурагъэсащ мазэ зыбжанэкIэ. Сержантхэр щагъэхьэзыр школыр къиухри, Хьэзиз ягъэкIуащ 115-нэ шууей дивизэм  и 104-нэ шууей-топгъауэ дивизионым.

- Ди дивизэр зэуэным хуэхьэзыр хъуауэ къыщалъытар 1942 гъэм и мэлыжьыхь мазэм и кIэухыращ. ЗэрыжаIэмкIэ, абы и ныкъуэр зэуэным хуагъэхьэзыракIэ зауэлIт, адрейхэр сэ схуэдэ щIалэщIэ защIэт.  «Налево», «направо» урыс псалъэхэр зымыщIэ куэд къытхэтти, абыхэм я дамэхэм зым мэкъу, адрейм хьэуазэ трапхэрти, «мэкъумкIэ», «хьэуазэмкIэ» жаIэурэ ягъасэрт. ЩIыпIэхэм апхуэдэурэ дыщагъэса нэужь, дивизэр зэрыщыту  Налшык   дыщызэхуашэсащ, абыи иджыри дыщагъэсэжащ. Накъыгъэм и 1-м къалащхьэм щекIуэкIа махуэшхуэ пэкIум дыхэтауэ щытащ, - игу къигъэкIыжырт си адэ къуэшым, и зауэ гъуэгуанэм щытепсэлъыхьыж зэзэмызэм деж. – ПэкIум дикIри, занщIэу гъущI гъуэгу станцым дашат. АдэкIэ къытпэплъэр фронтт.

 Апхуэдэу зауэм Iухьащ илъэс 19 фIэкIа зи мыныбжь Къардэн Хьэзиз. Ар зыхэта дивизэм, полковник Скороход Антон зи пашэм, и къалэн нэхъыщхьэт ди къэралым и ипщэрабгъу  щIыналъэм щыIэ транспорт, промышленность центр нэхъ ин Сталинградрэ  щIыдагъэкIэ, нэгъуэщI щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэкIэ  къулей Кавказ Ищхъэрэмрэ зыIэригъэхьэну къебгъэрыкIуэ бийм пэщIэувэну.    1942 гъэм и накъыгъэ – фокIадэ мазэхэм  къиубыдэу   Хьэзиз щызэуащ Тэнрэ Индылрэ я зэхуаку дэлъ щIыпIэхэм. Ар хэтащ Тэн Iус Ростов и Iэшэлъашэхэм щыс Большая Мартыновкэ, Малая Мартыновкэ, Ново-Николаевскэ, Цимлянскэ жылэхэм.

ТIасхъэщIэх дивизионым хэтуи зэуащ ар.  Апхуэдэ «зекIуэхэм» ящыщ зым щыIэу, пщэрылъ къыщащIари игъэзэщIауэ бийм и хэщIапIэм къипщыж пэтрэ, абы гу къылъатэри автоматышэр къытраунэщIат, и лъакъуэ лъэныкъуэр уIэгъэ ящIу.

 Къардэным къихьа хъыбархэм мыхьэнэшхуэ иIэу къыщIэкIат штабым и дежкIэ. Абы щыгъуэ си адэ къуэшым къыхуагъэфэщауэ щытащ  Хэку зауэ орденым и 1-нэ нагъыщэр. 

УIэгъэщым щIэлъу зигъэхъужа нэужь, Хьэзиз зауэ IэнатIэм Iухьэжащ. II5-нэ шууей дивизэр Сталинград фронтым хагъэхьэжати, абы и 91-нэ фочауэ полкым хэхуащ ар. Абы хэту Хьэзиз щызэуащ Курск, Орёл, Сталинград деж щекIуэкIа  зауэ гуащIэхэм.  ИужькIэ 4-нэ шууей корпусым хэту Хьэзиз зауэ гъуэгуанэм пищащ икIи Берлин нэсащ.

ТекIуэныгъэм и махуэм ар ирихьэлIащ  уIэгъэщым щIэлъу.  Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ иухыу мазихи дэкIыжа нэужьщ Хьэзиз  унэм  къыщыкIуэжыфар.   Абы и бгъэгум щылыдырт Хэку зауэ орденым и I-нэ нагъыщэр, «Хахуагъэм папщIэ»,  «Германием дызэрытекIуам папщIэ» медалхэр, къыхуагъэфэщат Сталиным и Iэр зыщIэлъ щытхъу тхылъ, нэгъуэщIхэри.  Мамыр гъащIэр зэтеувэжа нэужь, ар юрист IэщIагъэм щыхуеджащ Саратов дэт къэрал юридическэ институтым (иджы академиещ), цIыхубэ судым илъэс куэдкIэ щылэжьащ. 

  Хьэзиз унагъуэ дахэ иIащ. Абы щхьэгъусэ хуэхъуат Ислъэмей къуажэм щыщ бзылъхугъэ дахэ дыдэ: Iэпщэхэ япхъу Улэ.  ТекIуэныгъэм и махуэхэм деж Хьэзизхэ дыщызэхуэсырт дадэрэ нанэрэ къатехъукIа псори.    1987 гъэм и гъэмахуэм, илъэс 64-рэ ирикъуа къудейуэ.  

Зи дунейр зыхъуэжа, дызэрыгушхуэ, 115-нэ шушуей дивизэм лIыхъужьу хэта  Хьэзиз ахърэтыр унапIэ хуэхъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI.  

 

 

  

ЖЫЛАСЭ Маритэ,
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу