Кавказ зауэр: Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ

 

        Аулъэ  Мэлыч  1999  гъэм   Мухьэммэд-Iэмин    къызэралъхурэ  илъэси   180 - рэ  щрикъум   ирихьэлIэу   Дагъыстэным  щекIуэк1а   Дунейпсо  конференцым къыщипсэлъам  щыщ

          Конференцым къызэригъэпэща лэжьыгъэм ипкъ итк1э, Аулъэр Щамил и  хэку  Гимры, Мухьэммэд-Iэмин къыщалъхуа Гонодэ къуажэм, Дагъыстэным и бгырысхэм ирагъэкIуэкIа щхьэхуитщIыжакIуэ зауэр щиуха  Гъуниб щыIащ.   А  щIыпIэхэр къыщызэхикIухьым Аулъэ Мэлыч яIущIащ Мухьэммэд-Iэмин и Iыхьлыхэу  нобэ  псэухэм. Гъуниб къуажэм профессор Аулъэм  къыщратащ «Щамил илъэс 200 ирикъуащ» цIэуней  дыщэ  медалымрэ  дипломымрэ.

               «Дэ псори  Кавказым дрибынхэщ», - апхуэдэущ сэ сызэреплъыр лъэпкъхэмрэ бзэхэмрэ щыбжыгъэншэ Кавказым ис лъэпкъхэм  яку дэлъыпхъэ  зэхущытыкIэм.  Дауэ щымытами,  ди лъэпкъхэр  лIэщIыгъуэкIэрэ  псэуащ зым адрейр  зэхищIыкIыу, зэпымыууэ  зэIущIэу, зэпыщIауэ. Абы щыхьэт тохъуэ хъыбарыжьхэри, тхыдэ тхыгъэхэри, бзэ нэщэнэхэри, лъэпкъхэм я материальнэ,  духовнэ   щэнхабзэкIэ   дызэджэ   нэгъуэщI  куэди.

            Кавказ лъэпкъхэр  лIэщIыгъуэкIэрэ  япыщIауэ къокIуэкI урысхэми икIи ахэр  я  бийуэ зэи къалъытакъым, уеблэмэ  Кавказ зауэм и илъэс гуауэхэм  щыгъуи. Куэд щIащ абыхэм къазэрыгурыIуэрэ  зауэ хьэзабым хэзымыгъэкI бийр  хэтми. Ди лъэпкъым и щэнхабзэ щIэиныр щызджым, гу лъыстащ урысхэм яхуэгъэзауэ  ди IуэрыIуатэм губгъэн зэрыхэмытым.  «Хэт къуаншэр?» упщIэм уэрэдыжьхэмрэ хъыбархэмрэ занщIэу, щIагъыбзи хэмылъу жэуап ират:  Ермолов, Воронцов, Граббе, Евдокимов, Засс… Лъэпкъым генерал-лIыукIхэм  я унэцIэхэм щIегъу пащтыхь зэадэзэкъуэхэу Николай Езанэмрэ  Александр ЕтIуанэмрэ.  ЦIыхубэм  игу ихуакъым   Кавказ  зауэм  и мурадым теухуауэ Николай I гурыIуэгъуэу  жиIар: «Тыркумрэ яхуэдгъэлъагъу щIыпIэхэмрэ  гъэIэпхъуэн, абы зыпэщIэзысахэр зэтеукIэн».

            КъуэкIыпIэ Кавказым зауэ гущIэгъуншэ щекIуэкIырт, абы и мафIэр щыужьыхыртэкъым а щIыналъэ дахащэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэ щIыпIэхэми. Къемызэгъыу,  е  къуаншагъэу  къэплъытэ хъуну пIэрэ  Адыгэ Хэкум (Шэрджэсейм) къыщыщIэдзауэ  Дагъыстэным  нэсыху  щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм хэт лъэпкъхэр зэкъуэувэну   зэрыхэтар! Шэч  хэмылъу,  хъунукъым.

          А гупсысэ дыдэр и лъабжьэ  къыщIэкIынщ  Шэшэн,  Дагъыстэн лъэпкъхэм  я къарур зи щхьэхуитыныгъэм щIэбэн адрей лъэпкъхэм  я къарум гуигъэувэн папщIэ,  Имаматым  и  тепщэ  Щамил  абыхэм запищIэну зэрыхущIэкъуам.

              Щамил  щыгъуазэт  Адыгэ Хэкум  иригъэкIуэкI бэнэныгъэм икIи хущIэкъурт ар гъусэ  къищIыну. А  мурадым хуэунэтIа лъэбакъуэу щытащ 1842 гъэм Хьэжы-Ахьмэд  Шэрджэсейм   зэригъэкIуар, ауэ абы и лъэр адыгэхэм  я деж щигъэбыдэфакъым. ИлъэситI дэкIри, Дагъыстэным къикIри абы  и  пIэкIэ Адыгэ Хэкум  кIуащ Сулеймэн-ефэндыр, ауэ ари и мурадым лъэIэсыфакъым.            ИкIэм, 1848  гъэм  Дагъыстэным кърагъэкIри  Шэрджэсейм  къагъэкIуащ  Мухьэммэд-Iэмин. Ар Адыгэ Хэкум  нэIибу илъэс 11-кIэ, Щамил Iимамыр гъэр ящIыху,   щыIащ, 1859 гъэм и шыщхьэуIум и  25 пщIондэ.

            Пащтыхьыдзэм Дагъыстэным текIуэныгъэ къыщихьа нэужь, Мухьэммэд-Iэминрэ абазэхэхэм я нэхъыжьхэмрэ  унафэ къащтащ зэуэн щагъэтыну.  Ахэр  урысыдзэ тетыгъуэм екIуалIэхэри  Iэщэр зэрагъэтIылъыр хэIущIыIу ящIащ.  Адыгэ тхьэмадэхэр  и гъусэу Мухьэммэд-Iэмин Урысейм и къалащхьэ Бытырбыху  щыIащ, Калугэ къалэм Щамил дежи кIуащ. ИужькIэ  Тыркум  Iэпхъуэри,  къыхуэнэжа и гъащIэр иухыху абы щыпсэуащ. Адыгэ Iимамым и фэеплъу  Кавказым икIахэм ар щыщIалъхьа щIыпIэм мэжджыт щаухуащ.  А щIыпIэр иужькIэ хъуащ Кавказ Ищхъэрэм иIэпхъукIа лъэпкъхэм, къэрал зэмыл1эужьыгъуэхэм къикIа муслъымэнхэм я  кIуапIэ.

            Асиялов Мухьэммэд-Iэмин 1818 гъэм Гонодэ бгырыс къуажэм къыщалъхуащ. Абы щыгъуэм ар къуажэ жэмыхьэтхэм я Андалал зэгухьэныгъэм хыхьэрт, нобэ зыхэхьэр  Дагъыстэн Республикэм щыщ, Авар щIыналъэм ит   Гъуниб районырщ. Абы щыпсэухэм Iэщ ягъэхъу, жызум ягъэкI, цIыху гуапэхэщ, хьэщIэкIэ фIыхэщ; дэтхэнэ зыми я хэкуэгъум гуапэу и гугъу ещI, хэти нэIиб цIэрыIуэм  и  щIэблэу, е  и благъэ гъунэгъуу зыкъелъытэж.

            Мухьэммэд-Iэмин илъэс куэдкIэ дин щIэныгъэ зэригъэгъуэтыным иужь итащ, хьэрыпыбзэми, шэрихьэт хабзэми фIыуэ хищIыкIыу. ЩIалэ дыдэу ар XIX  лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм я кум Щамил и унафэм щIэту екIуэкI щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм хыхьащ. Илъэс 13 фIэкIа имыныбжьу   зэхэуэхэм хэтащ. Адыгэ Хэкум щагъэкIуа 1848 гъэм ар илъэс щэщI ирикъуа    щIалэ губзыгъэт. 

           НэIибым и къалэныр ауэ сытми  трагъэхуатэкъым Мухьэммэд–Iэмин. Еджагъэшхуэу,  зауэлI хахуэу, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу и цIэ Iуат Щамил и лIыкIуэм.

            Мухьэммэд-Iэмин  илъэс 14-кIэ игъэзэщIащ Кавказым и Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыпсэу адыгэхэм я щхьэхуитщIыжакIуэ  зэщIэхъееныгъэм и  нэIиб  къалэныр.

            Кавказ Ищхъэрэм дагъыстэнхэми, шэшэнхэми, адыгэхэми, адрей лъэпкъхэми щрагъэкIуэкIа бэнэныгъэм и тхыдэм пэжкIэ дыбгъэдыхьэну дыхуеймэ,  а бэнэныгъэм пашэу хэтахэм  я IуэхущIафэхэм хуэфащэ пщIэ яхуэщIын хуейщ. Бгырыс лъэпкъхэм XIX лIэщIыгъуэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр мытэмэму  къыщIрагъэдз дызэрыт зэманым, ар  Тыркум, Инджылызым, е нэгъуэщI  къэралхэм зэщIагъэстауэ жаIэу.  Щамил Iимамри адрей бгырыс лъэпкъхэм я пашэхэри   Тыркум и агентхэу щыта къудейуэ Багировым иукъуэдия Iуэхур щыуагъэ дыдэу  зэрыщытым  тхыдэ щIэныгъэр и щыхьэтщ.   Мухьэммэд-Iэмин  Адыгэ Хэкум щилэжьахэм хуэфащэ пщIэ хуамыщIу, ахэр цIыхубэм я бий Iуэхугъуэхэу, Тыркум и сэбэп зыхэлъу къалъытэу куэд щIауэ къокIуэкI.  Апхуэдэ щытыкIэм илъэс пщIы    бжыгъэхэм щIигъуауэ итщ   Занокъуэ Сэфарбий и  тхыдэри.

            Дызытепсэлъыхь  Iуэхугъуэхэм  революцэм  ипэкIэ  нэхъ  тэмэму бгъэдыхьэрт   иджырей   тхыдэтххэм  я  Iуэху   еплъыкIэм елъытауэ.  Псалъэм папщIэ,  абы  щыгъуэ ятхахэм къыхощ Мухьэммэд-Iэмин Лабэ къыщыщIэдзауэ  Бзыбэ нэсыху ис бгырыс лъэпкъхэр зэкъуигъэувэну къызэрехъулIар.

            Мухьэммэд-Iэмин гуащIэу зыкъыпэщIасэрт адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ,  демократиер и лъабжьэу Щамил и лIыкIуэм иригъэкIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр  ягу иримыхьу.  Iуэхур нэхъ гугъуж ищIт адыгэ пщы-уэркъхэр мылъкукIи  псалъэкIи зыгъэгушхуэ  Тырку къэралыгъуэм и политикэм. «ПщылIыгъэр зыгъэкIуэдыж, лъэпкърэ лIакъуэкIэ  зэхэгъэж зымыщI,  псори зэхуэзыгъадэ  Мухьэммэд-Iэмин адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ я пщIэр игъэлъахъшэрт, ардыдэмкIэ къызэрыгуэкI цIыхухэр и лъэныкъуэ къищIырт. Ар и щхьэусыгъуэу джыназхэмрэ уэркъхэмрэ Мухьэммэд-Iэмин бий къыхуалъыхъуэрт»,- дыкъыщоджэ  Кавказ археографическэ комиссэм и актхэм.

            Мухьэммэд-Iэмин и фIыщIэщ  Щамил Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ щиухуа Имаматым и щапхъэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу Шэрджэсейм щимыгъэуву, и  ущиякIуэм игъэунэхуахэр Адыгэ Хэкум нэхъ къызэрыщезэгъым  хуэдэу  къызэригъэсэбэпар. 

            Ар адыгэ лъэпкъхэр  къэралыгъуэу зэгуигъэхьэну хэтащ икIи а мурадым лъэIэсын папщIэ зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэри къызэригъэпэщащ.  Езым и унафэм щIэт цIыхубэр  дэтхэнэми унагъуи 100 къызэщIиубыдэу, хьэблэ-хьэблэу  зэпиудри,  хьэблэ къэс Iыхьитху ирищIыкIыжащ.  УнафэщI нэхъыщIэ дыдэхэр  щыхахыр къуажэ зэхуэсырт. Дэтхэнэ хьэблэми суд щыхахат ефэндыр и унафэщIу. Ефэндыр зыгъэувыр шэрихьэт узэщIакIуэу щыт  Мухьэммэд-Iэминт. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, литературэм къыхэнащ шэрихьэт хабзэр и лъабжьэу Iуэху нэхъ ткIий дыдэхэми унафэ тращIыхьу зэрыщытам и щапхъэхэр.  Кавказ археографическэ комиссэм и актхэм мыпхуэдэ псалъэхэм уащрохьэлIэ: «Асиялов Мухьэммэд-Iэмин езым и шэрихьэт судымкIэ гъэщIэгъуэну  щабэу  зэгуригъэIуэжыфырт бий зэхуэхъуа лъэпкъ щхьэхуэхэр».

            Мухьэммэд-Iэмин  къэрал лэжьакIуэуи, дзэпщ акъылыфIэуи,  Тыркум, Европэм щыщ къэралхэм я лIыкIуэхэм запызыщIэф дипломат губзыгъэуи щытащ.  Щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэт адыгэ лъэпкъхэр зэгуэгъэхьэнымкIэ, ахэр псори къызэщIэзыубыдэ  унафэм  щIэгъэувэнымкIэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмкIэ ар XIX лIэщIыгъуэм адыгэ къэралыгъуэ ухуэным гъунэгъу дыдэу бгъэдыхьахэм язщ. 

            Мухьэммэд-Iэминщ Адыгэ Хэкум  зэпымыууэ яIыгъ дзэ, мылъку, Iэщэ, улахуэкIэ ягъэлажьэ къулыкъущIэ гуп  япэу къыщызэзыгъэпэщари,   уIэгъэ хъуахэм, хэкIуэдахэм  я  унагъуэхэм мылъку хухатыкIын хуейуэ утыку къихьэу зыукъуэдияри. Шэрихьэт хабзэкIэ абы зэригъэпэщат  цIыхубэр зэпымыууэ къэзыхъумэн дзэ,  зауэлIхэр къыхыхьэ зэпыту.  ЦIыхубэм зауэлIхэр  зыхэпсэукIын   мылъку   езыхэм  ябгъэдэлъым  дин хабзэкIэ  хагъэкIырт.   

            Шэч хэмылъу, Мухьэммэд-Iэмин иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр  пыупщIауэ зы лъэныкъуэ закъуэкIэ къэбгъэлъэгъуэфынукъым.  Ауэ пцIы зыхэмылъыжращи, Щамил Iимамри Мухьэммэд-Iэмини  хамэ къэралхэм я агенту  щытакъым,  Кавказ лъэпкъхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм къарурэ зэфIэкIыу яIэр халъхьащ.

            Мухьэммэд-Iэмин и махуэр гъэлъэпIэн зэрыхуейм хуэдэ дыдэу,  шэч хэлъкъым, абы и IуэхущIафэхэм уащыбгъэдэхьэкIэ тхыдэм и хабзэм тетын зэрыхуейм. ЗэфIэгъэувэжын хуейщ Занокъуэ Сэфарбий, Хьэжы-Бэрзэдж сымэ  хуэдэхэм я пщIэри. Адыгэхэр  щыгъуэзэн  хуейщ  ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Дагъыстэн  щIэныгъэ центрым къищта, Дагъыстэн Республикэм и унафэщIхэмрэ щIэныгъэлI  гупышхуэмрэ Iэ зыщIадза тхыгъэм: 

1.    Гонодэ щыщ Мухьэммэд-Iэмин къызэралъхурэ илъэси 180-рэ щрикъу махуэр  къэрал мыхьэнэ ету гъэлъэпIэн.

2.    Махуэшхуэр зыгъэхьэзырын комитет  республикэм къыщызэгъэпэщын.

3.    Щамил Iимамым и IуэхущIэгъу цIэрыIуэу щыта Мухьэммэд-Iэмин и махуэшхуэм хуэгъэхьэзырыным икIи егъэкIуэкIыным къэрал управленэм и органхэр, щэнхабзэм, щIэныгъэхэм я IуэхущIапIэхэр, ВУЗ-хэр, творческэ организацэхэр, общественнэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ фондхэмрэ къыхэшэн.

             ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа псор къэплъытэмэ, шэч къызытумыхьэжынщ Мухьэммэд-Iэмин къыщалъхуа  махуэр Кавказ псом щыгъэлъэпIэн хуей цIыхушхуэу зэрыщытар.

                                                                                               

 

Аулъэ Мэлыч, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Бжьэдыгъухьэблэ (Краснодар), 1999 гъэ.
Поделиться: