Iэбагъуэ

Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ иужьрей дыдэу къыщыс Гъуазэрыплъ къуажэ цIыкIум къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэм пэгъунэгъурэ зыкъыщхьэщиIэтыкIауэ узыIуплъэ Iуащхьэ джафэ зэпэхъуреишхуэм «Iэбагъуэ» фIэщыгъэр теIукIащ.
Мэз IувыжьхэмкIэ къэухъуреихьа жылэ цIыкIум укъыщежьэу, а бгым и щхьэкIэм нэс лъэсу удэкIынумэ, километр II хуэдиз къызэбнэкIынущ. А гъуэгуанэр кIуным ику иту сыхьэти 6 - 8 токIуадэ.
Iэбагъуэ метр 2689-рэ и лъагагъщ. Абы ищхъэрэкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщожьэ Щхьэгуащэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ МэлкIапэ псы бгъунж цIыкIум и къуэпсхэр. Мы Iуащхьэм къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэр Кавказ къэрал биосферэ мэзгъэфIэным и щIыналъэм хохьэ. «IэбагъуэкIэ» йоджэ а бгым къедза шытхми, и бгъуитIымкIэ щыIэ хъупIэхэми.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин «Адыгская (Черкесская) топонимика» зыфIища и тхылъым къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, «Iэбагъуэ» фIэщыгъэр IыхьитIу зэхэлъщ: «Iэ»-рэ «багъуэ»-у, «Iэщыр щагъэбагъуэ», «Iэщым лы щызытрилъхьэ» мыхьэнэхэр къарыкIыу. ФIэщыгъэр япэщIыкIэ зытеIукIауэ хуагъэфащэр мы щIыпIэм щыпэрыхьэт хъупIэхэращ.
Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэщ къагъэлъагъуэр щIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита, Адыгэ Республикэм щыпсэуа, щIэныгъэлI Мэрэтыкъуэ Къасым, «Кавказым и топонимикэ псалъалъэ» тхылъ гъуэзэджэр зи IэрыкI Твёрдый Александр, «Кубаным и топонимикэм ехьэлIа очеркхэр» лэжьыгъэ купщIафIэр зыгъэхьэзыра Ковешников Владимир сымэ, нэгъуэщIхэми.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: