НыбжьыщIэ театрыр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­къипщытащ «Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр» щIыналъэ проектым хыхьэу, Ныбжьы­щIэ театрыр къызыхуэтыншэу зэгъэпэ­щыжыным теухуауэ 2020 гъэм ирагъэжьа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр.

Лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIын хуей­уэ яубзыхуа пIалъэм и пэ иту йокIуэкI - ар ятынущ 2022 гъэм шыщхьэуIу мазэм - Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу. 
Ухуэныгъэм нэхъапэм иIа зэфIэкIым хэпщIыкIыу хигъэхъуэнущ проектыщIэм - абы и фIыгъэкIэ унэм Iуэхугъуэ куэд щалэжьынущ. Иджы абы НыбжьыщIэ теат­рым теплъэгъуэхэр щигъэувурэ сабийхэм я махуэшхуэхэр, художественнэ выставкэхэр, зэхуэс щIэщыгъуэхэр щригъэкIуэкI хъунущ. 
Театрым хыхьэ пэшхэм я кIуэцIыр зэ­рагъэпэщыжащ, и лъабжьэ дыдэм щы­Iэхэри хыхьэу. Инженер коммуникацэхэр, псыжапIэхэр зэрахъуэкIащ, унэр зэрагъэ­хуэбэну Iэмэпсы­мэхэр щIрагъэшэну къапэщылъщ. УхуакIуэхэм щхьэгъубжэ псори зэрахъуэкIащ. Залым иджырей Iэмэ­псы­мэхэр щагъэувынущ, зэхыхьэш­хуэхэр къы­щызэрагъэпэщын папщIэ. 
Республикэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ, НыбжьыщIэ театрым и унэм нэхъапэм иIа теплъэр яхъуэжынукъым, атIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и сабий, ныбжьыщIэ творчествэм и центр хъунущ. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: