Къуажэ пхыдзахэри зэпащIэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Уры­-сей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий цIыхухэм ядригъэкIуэкIа зэп­сэлъэныгъэм. 

Полпредым и хэщIапIэм видеозэпыщIэныгъэ ­IэмалхэмкIэ псэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэсыр. Ар щIэупщIащ Зольскэ - Совхознэ - Сэрмакъ жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгур зыхуей щIыхуамы­гъазэм. 
КъаIэта Iуэхум и жэуапу, КIуэкIуэ Казбек Чайкэ Юрий щыгъуазэ ищIащ къуажэдэсым зи гугъу ищIа автомобиль зекIуапIэм и зэгъэпэщыжыныр 2022 гъэм гъуэгуухуэ лэжьыгъэу ирагъэкIуэкIынухэм зэ­рыхагъэхьар, а Iуэхум хуэгъэзауэ сом мелуан 55-рэ къыхуаутIыпщын зэрыхуейм ехьэлIауи къэралым з­эгурыIуэныгъэ зэрыращIылIар. 
Километри 5,6-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур къызыхуэ­тыншэу зэрагъэпэщыжынущ «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу. Авто­мобиль зекIуапIэм иращIылIэну лэжьыгъэхэм щыщу, къуажэхэм лъэс зекIуапIэщIэхэр щыпхашынущ, автобус къэувыIэпIэхэр къыщагъэщIэрэщIэ­жынущ, гъуэгу Iуфэ нагъыщэхэр щагъэувынущ. 
НэхъапэIуэкIэ Дзэлыкъуэ районым къыщагъэ­щIэрэщIэжащ Псынэдахэ - Дзэлыкъуэдэс - Дженал - Къармэхьэблэ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ, километр 11,5-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур. 
 

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: