ИлъэсыщIэм - ехъулIэныгъэфIхэмкIэМы илъэсыр икIыху Ново-Ивановскэм и мэкъумэш фермер IуэхущIапIэм и зэфIэкI псори ирихьэлIащ шэ нэхъыбэ къызэрыщIишынымрэ фIагъ зыбгъэдэлъ гъэшхэкIхэр зэригъэхьэзрынымрэ. Iэщышхуэу мини 2-м щIигъу яIэщи, абы и Iыхьэ щанэр жэм къашщ. Ипэ ита илъэсым зы жэмым хуэзэу шэ тонни 3 къыщIашамэ, предприятэр зыхуей- зыхуэфIхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщрэ, тонн мини 6-м нэсащ. Зы жэщ-махуэм IуэхущIапIэм шэ тонн 15-м нэблагъэ зыхуей хуегъазэ. Абы иIэщ гъэшым и фIагъыр къыщапщытэ лабораторэ зэпэщ, кхъуей, кхъуейлъалъэ, шатэ, шатэпс къабзэ къыщыщIагъэкI цеххэр. Псом ящхьэращи, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу пкъыгъуэхэм сыткIи къыпакIухь. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, совет лъэхъэнэм зэрагъэхьэзыру щыта Iэмалхэмрэ ГОСТ-м и щапхъэхэмрэ ноби ткIийуэ тетщ, ар яхъуэжынуи загъэхьэзыркъым. Аращ я гъэшми гъэшхэкIхэми сыт щыгъуи хуэдэу щIэупщIэ щIиIэр.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
11.05.2026 - 14:16 →
ЗауитIми я лIыхъужь
11.05.2026 - 13:15 →
115-нэ шуудзэм теухуауэ иджыри зэ
11.05.2026 - 12:13 →
Щапхъэ дахэ игъэлъагъуэрт
11.05.2026 - 10:11 →
ЦIыху зэпIэзэрыт
| ||




