Зи гуащIэр ин

Бер Мухьэдин ящыщщ республикэм и зыужыныгъэм зи гуащIэшхуэ хэзылъхьахэм. 1970 - 1996 гъэхэм КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру лэжьа Берым а IэнатIэм щригъэкIуэкIа лэжьыгъэр къыпхуэмылъытэнщ.
Мухьэдин I934 гъэм Брамтэ (Вольный Аул) жылэм къыщалъхуащ. Абы дэт курыт школыр къиуха нэужь, Налшык и фельдшер-акушер еджапIэм щIэтIысхьащ. А зэманым ар комсомолми хыхьащ. КъызэгъэпэщакIуэ хъарзынэу зэрыщытым гу лъатэри, студентхэм я профкомым и унафэщIуи хахат.

1953 гъэм Берым Налшык и фельдшер-акушер еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. АдэкIэ лэжьыгъэм пэрыхьэнуми е и щIэныгъэм пищэнуми имыщIэу гупсысэгъуэ хэхуа щIалэм щхьэпэ хуэхъуащ зыщIэса еджапIэм и унафэщIым и чэнджэщыр.
«Дукельский Юрий щылажьэ пэшым сригъэблагъэри, си мурадхэр зригъэщIащ, езым и еплъыкIэри къызжиIэри, сытригъэгушхуащ Ленинград дэт медицинэ институтым сыщIэтIысхьэну. Сигу къэзгъэкIыжащ си анэм мастэ хэслъхьэфын папщIэ фельдшер сыхъуныр си хъуэпсапIэу зэрыщытар. Иджы Iэмал сиIэт дохутыр IэщIагъэр зэзгъэгъуэтыну. Аращи, си анэми сеIэзэфынущ!», - игу къегъэкIыж Мухьэдин щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыным зэрытегушхуа щIыкIэр.
Мухьэдин и къэкIуэнур зыхуэдэнур зыубзыху IуэхугъуитI и гъащIэм къыщыхъуащI959 гъэм : ар партым хыхьащ икIи медицинэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэм щыхьэт техъуэ дипломыр къыIэрыхьащ.
Берым и лэжьыгъэ гъуэгуанэр «Налшык» курортым дохутыр-инспектору къыщыщIидзащ. ИлъэсищкIэ абы щыIауэ абы къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ курорт управленэм и дохутыр-инспектор нэхъыщхьэм и къулыкъур. 1963 гъэми ар ягъэуващ курорт поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэу. ИужькIэ ар лэжьащ «Терек», «Эльбрус» санаторэхэм я дохутыр нэхъыщхьэу.
А илъэсхэм Мухьэдин жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ КъБАССР-м и жылагъуэ гъащIэм. I963-I969 гъэхэм ар Медицинэ лэжьакIуэхэм я профсоюзым и обкомым и президиумым хэтащ, I965-I967 гъэхэм Налшык къалэ Советым и депутату щытащ.
IэнатIэ хъарзынэхэр иIэми, Мухьэдин сытым дежи щIэхъуэпсырт и Iэзагъэм, зэфIэкIым адэкIи хигъэхъуэну икIи тегушхуэри, Ленинград дэт Санитар-гигиенэ медицинэ институтым и аспирантурэм щIэтIысхьэжащ. I970 гъэм и диссертацэр пхигъэкIри, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрамыгъэувэми, IэщIагъэлI нэсу, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу, жэуаплыныгъэ зыхэлъ лэжьакIуэу зыкъэзыгъэлъагъуэ адыгэлIым и зэфIэкIхэри жылагъуэм щиIэ пщIэри къалъытэри, I970 гъэм и мэлыжьыхь мазэм ар ягъэуващ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру. I97I гъэм Мухьэдин КПСС-м и обкомым хагъэхьащ, иужькIэ куэдрэ а къалэныр пщэрылъ къыщащIащ. А илъэс дыдэм Берыр КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахащ.
Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къулыкъур щрихьэкIа илъэсхэм псом хуэмыдэу наIуэ хъуащ Мухьэдин хэлъ къызэгъэпэщакIуэ хьэлыфIыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и медицинэ IуэхущIапIэхэм я щытыкIэр, цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэдэм зыщигъэгъуазэри, ар адэкIэ зэрыригъэфIэкIуэным, абы зэрызригъэужьыным теухуа хэкIыпIэхэр къилъыхъуэу щIидзащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху пыухыкIахэр къыхилъхьэрти, ахэр гъэзэщIа хъунымкIэ хузэфIэкI къигъанэртэкъым. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм къыхишэрт КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и комиссэр.
Бер Мухьэдин министру щылэжьа лъэхъэнэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм я гугъу щыпщIкIэ, абы жеIэ: «Абы и лъэныкъуэкIэ фIыщIэри щытхъури си закъуэ къэзлэжьакъым. Пэжщ, а лъэхъэнэм а унэтIыныгъэм зыужьыныгъэшхуэхэр щекIуэкIащ. Министерствэм и лэжьакIуэхэм пыухыкIауэ тщIэн хуейр къыдгурыIуэрти, дызэгъусэу а Iуэхум ди къарур хуэдунэтIырт. Ауэ ахэр псори къыдэхъулIэн папщIэ республикэм и унафэщIхэм я зэхэщIыкIи дэIэпыкъуныгъи дыхуейт. Абыхэми зэрыхъукIи зыкъытщIагъэкъуащ, къетхьэжьэ Iуэхухэр къыддаIыгъащ».
Бер Мухьэдин и зэфIэкI лъагэхэм, республикэм и зыужьыныгъэм жыджэру зэрыхуэлэжьам и щыхьэтщ абы хуагъэфэща дамыгъэ, щIыхьыцIэ лъапIэхэр. Ар РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я дохутырщ, «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» орденыр», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орден къратащ, «Налшык къалэ щIыхь зиIэ и цIыхущ», нэгъуэщI медаль, фIыщIэ, щытхъу тхылъ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIи ягъэпэжащ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: