КъБР-м школыщIэу 7 щаухуэнущ

Илъэс кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэтащ «Егъэджэныгъэ» федеральнэ лъэпкъ проектым. Абы и фIыгъэкIэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр курыт еджапIэхэм, гъэсапIэхэм щрагъэкIуэкIащ.

Мы илъэсми, зи гугъу тщIы проектым ипкъ иткIэ, лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ. 
А проектым тету, КъБР-м зэуэ школибл щаухуэнущ. Налшык сабийуэ 1500-рэ, Бахъсэн 1224-рэ, Прохладнэ 560-рэ, Псынабэ 150-рэ, Красносельскэ къуажэм - 500, Сэрмакъ 275-рэ, Майскэ къалэм 330-рэ зыщеджэну еджапIэхэм зэман гъунэгъум ухуэн щыщIадзэнущ.
«Демографие щытыкIэм зэрызихъуэжым, сабийхэм я бжыгъэм къазэрыхэхъуэм и фIыгъэкIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ еджапIэщIэхэр ухуэныр, зыхуей-зыхуэфI хуэгъэзэныр»,-къыхигъэщащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Локьяев Алан.
Мы зэманым Iуэхум ехьэлIа дэфтэрхэр зэфIагъэкI. Лэжьыгъэхэм щIадзэнущ зэгурыIуэныгъэхэм Iэ традзэмэ.
 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: