«Транслом»-м и унафэщIхэр КъБР-м и вольфрамым къыщIоупщIэ

ГъущIхэкIхэмкIэ Урысей Федерацэм и «Транслом» IуэхущIапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Гидрометаллург»-р ищэхуну нэ ирищащ, зэрыжаIэмкIэ.

Вольфрамым щелэжь заводыр хьэуам зэран зэрыхуэхъур цIыхухэм хуабжьу къатохьэлъэ. Арами, абы къыщIигъэкI химие пкъыгъуэм дызэрыхуэныкъуэми шэч хэлъкъым. Аналитикхэм зэрыжаIэмкIэ, вольфрамыр заводым куэду къыIэрыхьэнущ Тырныауз къалэм дэт «Ростех» IуэхущIапIэм къикIыу. 
ФАС-р хэплъащ мы Iуэхум - «Транслом»-р зи унафэ щIэт «Кронос» компанием КъБР-м щыIэ «Гидрометаллург»-р зэрищэхум. ЗэгурыIуэныгъэр зэращIылIэмэ, «Кронос»-м къыIэрохьэ: Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм щыIэ «Гидрометаллург»-р; ГъущIым щелэжьу Брянск областым и унеч заводыр; «Приморвольфрам»-р.
 «Гидрометаллург»-мкIэ къэдгъэзэжынщи, заводыр зэрылэжьэфынум и процент 12,3-щ зэкIэ къигъэсэбэпыр. Ар къызыхэкIыр вольфрамымрэ абы зэрелэжь Iэмэпсымэхэмрэ зэрыхуэчэмырщ. 20I5 гъэм вольфрамым и уасэр ехуэхауэ щытащ икIи абы лъандэрэ зыкъиIэтыжакъым (зы килограммыр доллар 17 - 20 и уасэщ). Арами, 2020 гъэм «Гидрометаллург»-м къилэжьащ сом мелуан 321,4-рэ. Зэ IуплъэгъуэкIэ, йофIакIуэ, ауэ ар пэжкъым - 2020 гъэм сом мелуани 101-кIэ хилъэфащ «Гидрометаллург»-р!
А псори къалъытэу, ди заводым и къару къызэрихькIэ ягъэлэжьэжыну мурад ящIауэ арагъэнущ «Кронос»-м и унафэщIхэм. Вольфрамыр къыщагъэсэбэп къэралым и зыхъумэжыныгъэм, машинэ, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр щащIкIэ, химие промышленностым. 
Урысейм вольфраму илъэсым тонн мини 3,5-рэ нэхъыбэ къащыхущIэхыркъым. Ар къызыхэкIыр вольфрам къыщIэхыпIэхэр щIыпIэ гугъусыгъухэм зэрыщыIэр аращ. 
Iуэхур ягъэзэкIуэжын я гугъэу, «Гидрометаллург»-м и ужь къихьа компаниер жыжьэ маплъэ. 2035 гъэ пщIондэ яубзыхуащ вольфрамыр къыщIэхыным, ар промышленностым къыщыгъэсэбэпыным теухуауэ ялэжьынур.. 
Мы псом къикIращи, «Гидрометаллург»-м и лэжьыгъэм зыубгъунущ. Ауэ щыхъукIэ, жэуап игъуэтыпхъэщ цIыхухэр зыгъэгузавэ упщIэм: сыт «Гидрометаллург»-м и унафэщIхэм ящIэнур ди щIыналъэмрэ абы щыпсэухэмр мы заводым и зэран емыкIыным теухуауэ? 
 

Фырэ Анфис.
Поделиться: