Уи гъащIэ гъуэгур кIыхь ухъу, Борис!

Нобэ илъэс 70 ирикъуа БищIо Борис щыуакъым адыгэбзэр IэщIагъэу къыщыхихам. Дэтхэнэ цIыхуми и къалэн гугъухэм ящыщщ и гъащIэ псор  зэпхауэ щытыну  IэщIагъэ къыхихыныр.
БищIом  япэ дыдэу  сыщыхуэзар, адыгэбзэм и къэкIуэнум теухуа и Iуэху еплъыкIэм щыгъуазэ сыщыхуэхъуар Анкара (Тыркум) 2003 гъэм щекIуэкIа Дунейпсо щIэныгъэ конференцырщ. Абы щызэхуэсат Щамым, Иорданием, Голландием, США-м, Германием, Тыркум, Урысей Федерацэм щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым никIат БищIо Борис, Адыгейм – Благьуэжь Зулъкъарней, Къэрэшей-Шэрджэсым − сэрэ абазэ щIалэ, профессор ПIаз Сергейрэ.
Тыркур Европэм и системэхэм хыхьэн папщIэ, и лъэпкъ политикэ ткIийр   къигъэлэлэн, мытырку лъэпкъ нэхъ мащIэхэм хуитыныгъэ гуэрхэри ялъигъэсын зэрыхуейр псом я дежкIи нэрылъагъут абы щыгъуэ. Адыгэхэм тхыбзэ зэрагъэпэщын, я анэдэлъхубзэм ирипсэлъэн, уеблэмэ ар телевиденэм щагъэIун щхьэкIэ, пэрыуэгъу яIэжтэкъым. Хэхэс адыгэхэм къалэн ин я пащхьэ къиуват: сыт хуэдэ алыфбейкIэ зэрытхэнур, я сабийхэр зэрырагъэджэнур?
 Баштекъузи хэту, Тыркум ис адыгэхэм мурад ящIат латин зэрыбыр къагъэсэбэпыну. А алыфбейрщ тыркубзэр зытетыр. Абы щыпсэу адыгэхэм я дежкIи тыншт, я сабийхэм тыркубзэ зэраджри, адыгэбзэ зэрызрагъэщIэнури зы алыфбейм тещIыхьамэ. Сэ «жьыр къыщепщэр» сщIэрти, латин алыфбейр къапщтэ зэрымыхъунум тескъузэу сиувыкIащ. Абдеж БищIо Бориси къыскъуэуващ, хэкужьым къыщыдгъэсэбэп урыс графикэм и телъхьэу. КъыддэщIащ Щамрэ Иорданиемрэ къикIахэри. Дэ къызэхуэсахэм ягурыдгъэIуащ: Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я сабийхэм я дежкIэ тыншщ урысыбзэри адыгэбзэри кириллицэм тетмэ. Апхуэдэу хьэрып къэралхэм ис адыгэхэм я сабийхэм папщIэ узыфIэмыкIыжынщ хьэрып алыфбейр, Тыркум ис адыгэхэмкIэ нэхъ Iэрыхуэщ латин графикэр. Ауэ адыгэу дунейм тепхъа псор дауэ хъуну, алыфбей зыбжанэ къагъэсэбэпмэ?
Анкара махуищкIэ дыщызэдэуащ. Щымыхъужым, алыфбей лIэужьыгъуэу тIу тщIащ: зыр урыс графикэм (кириллицэм) тету, адрейм тыркухэр зэрытхэ латиницэр и лъабжьэу. Ди къуэшхэм быдэу делъэIуащ зы дыхъужын зэрыхуейр я гум ирамыгъэхуну, ди тхэкIэр зэтемыхуэмэ, гугъуехь дызэрыхэтынур. Политикэ мыхъумыщIэм лъэпкъыр зэкIэщIич и хабзэщи, абы пэщIэтын хуейщ.
А махуэхэм къызгурыIуащ БищIо Борис зэрыщIэныгъэлI нэгъэсар, сигу ирихьащ сабыру, и макъыр дримышейуэ и гупсысэхэр къызэри1уатэ щ1ык1эр. ИужькIэ Иорданиеми зэгъусэу щIэныгъэ конференц дызэдыщыIащ, илъэс бжыгъэфI хъуауи дызэдолажьэри, Борис и хьэл-щэнхэр ефIэкIуа мыхъумэ, зыри кIэрыхуакъым.
Адыгэр   къэгъуэгурыкIуащ, зекIуэ ежьэрейуэ. БищIоми куэдрэ «и зекIуэн къыщохьэри», хамэ къэралхэм макIуэ. Къэрал пщыкIутхум нэс щыхьэщIащ, абы щыIэ унэ дахэхэр, музейхэр, дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэр зригъэлъэгъуащ. Дэнэ кIуэми,   сыт щыгъуи саугъэт щIэщыгъуэ цIыкIухэр къытхуехь, къыдэлажьэхэм, и ныбжьэгъухэм я гуапэ зэрищIыным хэтщ. Ари зы насыпщ – уи нэ щызу дунейр зэбгъэлъагъуныр. Дунейр зэрыиныр, зэрыхъуэпсэгъуэр, зэрыбейр къэпщIэн щхьэкIэ, зекIуэ укIуэн хуейщ. Адыгэм лейуэ жиIакъым: «Куэд зыгъэщIа нэхърэ – куэд зылъэгъуа».
  БзэщIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэм ящыщу ар зи мыIэщIагъэхэм нэхъыбэрэ зызыхуагъазэр псалъалъэхэращи, Борис Гуманитар къэхутэныгъэхэмк1э институтым и адыгэбзэ секторым и унафэщIу зэрылажьэ лъандэрэ, а Iуэхур япэкIэ хэпщIыкIыу игъэкIуэтащ. Псом япэу илъэс куэдкIэ яхунэмыгъэсу къекIуэкIа Адыгэбзэ псалъэгъэнахуэр зыхуей хуэзауэ дунейм къызэрытехьамкIэ нэхъыбэу фIыщIэ зыхуэщIыпхъэр Бищ1оращ. Езым интервью гуэрым зэрыщыжиIащи, и нэр жан дыдэу абы пэрытIысхьати, а лэжьыгъэр и кIэм щынигъэсым нэгъуджэ зыIуилъхьэн хуей хъуащ. Борис и узэщIакIуэ-ущиякIуэ Къумахуэ Мухьэдин Адыгэ энциклопедием и гъэсэным теухуауэ хигъэхьа тхыгъэм къыщыхигъэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэм хузэхилъхьа псалъалъэхэм къахэлыдыкI псалъэгъэнахуэ диIэнтэкъым БищIом нэмыщIамэ, жиIэри.    
Щхьэхуэу и цIэ къисIуэну сыхуейщ Урыс-адыгэ псалъалъэ иным. Сэ къысхуагъэфащэри, абы и къыдэкIыгъуитIми и рецензенту сыщытащ.  Щыхьэту  сыкъэувыфынущ Борис къылъысу абы тригъэкIуэда зэманымрэ къарумрэ я куэдагъымкIэ.   А къыдэкIыгъуитIым я зэхуаку дэлъыр илъэсищ иримыкъущ, ауэ а пIалъэ кIэщIым къриубыдэу БищIом хузэфIэкIащ къыумыцIыхужыным хуэдизу и теплъэмрэ и фIагъымрэ заригъэхъуэжын. Мы зы щапхъэр ирикъунущ Борис и IэнатIэм игурэ и псэрэ етауэ, ешрэ езэшрэ имыщIэу зэрыбгъэдэтыр кърибгъэлъэгъуэну. Апхуэдэуи ар и щыхьэтщ лексикографие унэтIыныгъэмкIэ абы и зэфIэкIыр жыжьэ зэрынэсам. Псалъалъэ Iуэху къыщагъэхъейкIэ, нэхъыбэрэ ди къэралым зи цIэ къыщраIуэр Ожеговыр аращи, БищIом «адыгэ Ожегов» хужытIэну къелэжь.
 Сэри адрей къыдэлажьэхэри БищIо Борис дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэну, и зэфIэкIми и ехъулIэныгъэхэми хэхъуэ зэпыту екIуэкIыну. Уи гъащIэ гъуэгур кIыхь ухъу, Борис!

 

БАКIУУ Хъанджэрий, филологие щIэныгъэхэм я доктор.
Поделиться: