Ди унэцIэхэр къызытехъукIар тщIэжрэ?

Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ зэкъуэшищ я мэкъупIэ Iыхьэр паупщIыну мэкъуауэ шызакъуэгукIэ ежьат. Куэд дэмыкIыу зэкъуэшхэр якIэщIыхьащ гъуэгурыкIуэ ДжэгуакIуэм. Я къуэш нэхъыщIэр гупхэмкIэ ягъэтIысри, нэхъыжьитIым къахуэзар я кум дагъэтIысхьэщ щIакIуэ щабэм тесуи, адэкIэ ежьэжащ. 
Жыжьэ мыкIуауэ джэгуакIуэм жиIащ зэрыцIыхуамэ зэрынэхъыфIыр, занщIэуи къуэш нэхъыжьым еупщIащ: 
- Уэ хэт уи цIэр? – жиIэри. 
ЗэупщIар укIытэри закъомрэ жэуап къитыжакъым. ИтIанэ жиIащ и цIэр зэрымыпщIэгъуалэри, тIэкIу зэрымыгурыхьри.
- Тхьэжьбийщ си цIэр. 
ДжэгуакIуэм фIыуэ зэхихат щIалэм и цIэр, арщхьэкIэ и фIэщ хъуртэкъым апхуэдэцIи и цIэджэгъуи щыIэу. 
- Хэт къыпфIищами, уригъэхъулIакъым, муслъымэныцIэкъым, дурыскъым а цIэр зепхьэнуи, ар жьыуэ е бийуэ жыпIэнуи. 
АдэкIэ ДжэгуакIуэм жиIащ Тхьэр сыт щыгъуи зэрыщIалэри, дыкъигъэщIауэ дызэрибын-дызэрикъуэри. ЖиIащ ар езыр зэрыджэгуакIуэр. Уэрэдрэ усэкIэ, гуапагъэкIэ цIыхухэр зэригъэгуфIэри, и ней зыщыхуахэм зэрыхуэхъущIэри, цIэ дахэ зэрыфIищыфынури, ТхьэщIокъуэ зэрыхуигъэфащэри. 
ЦIэ зыфIаща щIалэр зытес тIысыпIэм зыкъытриIэтыкIри, ДжэгуакIуэм фIыщIэшхуэ хуищIащ, зэрыгушхуэн цIэ дахэ къызэрыфIищам щхьэкIэ, быдэу къигъэгугъащ псэухукIэ а цIэм хуэпэжыну, игъэбжьыфIэну. 
ГъуэгурыкIуэхэм я гъуэгум пащэрт, ДжэгуакIуэм ТхьэщIокъуэ цIэ зэрыфIищар яфIэгуфIэгъуэшхуэу, дэрэжэгъуэрэ нэгузыужьыгъуэрэ ягъуэтауэ. Гум щIащIа шы дахэри, къэхъуар къыгурыIуам хуэдэу, зэзэмызэ къахуеплъэкIырт. 
ДжэгуакIуэр шы дахэм зыкъомрэ еплъа нэужькIэ, вожэр зыIыгъ шыгухум жриIащ:
- Уи шы дахэм щабэрыкIуэу, щIэкIуэрыкIыу дешэ. Нобэ щыщIэдзауэ уэри ГуфIэжокъуэ пфIызощ. Угъурлы ухъу!
ГуфIэжокъуэ зыфIаща курыт щIалэми дэрэжэгъуэ игъуэтауэ ДжэгуакIуэм фIыщIэ хуищIащ. 
КIуэрт гъуэгурыкIуэхэр, я гъуэгу хагъэщIу. ДжэгуакIуэр иджы егупсысырт ещанэ щIалэми цIэ дахэ зэрыфIищынум. ДжэгуакIуэм и щхьэм къизэрыхьа гупсысэмкIэ зэкъуэшхэм яхэупщIыхьащ:
- НтIэ, щIалэфIхэ, фэ жыжьэ фыкIуэрэ? 
Зэкъуэшхэм къалъытащ кърата упщIэр къемызэгъыщэ хуэдэу, жэуапми хуэсакъыпхъэу.
Гупхэм ис къуэш нэхъыщIэм занщIэу жиIащ: 
- Дэ мэкъуауэщ дыздэкIуэр. 
Иджы ДжэгуакIуэм къыгурыIуат зэкъуэшхэм я ещанэм и цIэр езым зэрызыфIищыжар. 
- Мэкъуауэр – мэкъуауэщ, уэри Мэкъуауэ пфIызощ, - жиIащ ДжэгуакIуэм, ари я гуапэ хъуащ. 
Куэд дэмыкIыу ДжэгуакIуэм зэкъуэшхэм яжриIащ: 
- Тыншу, нэгузыужьу сыкъэфшащи, Тхьэм солъэIу фи Iуэху дахэ хъуну. Гур къэвгъэувыIамэ, сикIыжынт. Иужьу вжесIэжынурат. – Тхьэм къызигъэхъулIмэ, сэ пщэдей пщыхьэщхьэ фи унэ лъапсэм сынэкIуэнурэ, цIэ зэрыффIэсща цIэфIэщыпщIэр сыпшыныжынущ, къысхуагъэфащэмэ, цIэфIэщ адакъэри сшхынкIэ хъунщ. 
КъехъулIащ ДжэгуакIуэм и мурадыр, ар гуапэу бгъэдэсащ цIэ зыфIища зэкъуэшхэм я адэ губзыгъэм. 
И чэзур къэсри, зэкъуэшхэм щхьэгъусэ ягъуэтащ. Адэм мурад ищIащ и къуэхэр зэрыпсэуфым еплъын щхьэкIэ, дэтхэнэри зэхигъэкIыу унагъуэ щхьэхуэу игъэтIысыну, апхуэдэуи хъуащ. ЩIапIи къахуиубыдри, ядэIэпыкъуурэ дэтхэнэри зыхуейм хуэдэ унэрэ псэуалъэрэ ящIащ. Зэкъуэшхэр я лъапсэщIэм щыIэпхъуэжым адэм абыхэм унэцIэщIэу яфIищащ ДжэгуакIуэм къигупсысар. ТхьэщIокъуэ цIэр ТхьэщIокъуэхэ унэцIэ яхуэхъуащ, я къуэш курытыр ГуфIэжокъуэхэ хъуащ, ещанэм Мэкъуауэ унэцIэр лъысыжащ. 
Иджы дзэлыкъуэкъуажэдэсхэми ТхьэщIокъуэ сымэ я щIэблэми ящIэ унэцIэщIэ къэхъуар къызытехъукIар, ауэ адрейхэр щыгъуазэу пIэрэ, я унэцIэм и къежьапIэм. 
 

 

Жантемырокъуэ Бетэ.
Поделиться: