Псалъэм и купщIэр

Пщы хъуэж. Пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ. Хабзэм тету пщымрэ уэркъымрэ зэгурыIуэрти зэувалIэрт уэркъым пщым къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр пщым и гъусэу зэуакIуэ кIуэрт, абы жиIэр ищIэрт, пщыр къыщеджэм и деж къэгъазэ имыIэу и Iуэхур дызэфIигъэкIырт. А къулыкъум пэкIуэу пщым уэркъым иритырт щIы Iыхьэ, пщылI зыбжанэ, Iэщ, Iэщэ-фащэ. Хабзэм къызэриубыдымкIэ, пщым уэркъым и жагъуэ ищIмэ, абы и уэркъ тыныр пщым иритыжырти, нэгъуэщI пщым и деж кIуэрт, къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр нэгъуэщIыпщым и деж кIуамэ, абы пщы хъуэжкIэ еджэу щытащ. 
Пщым я пщыж. Феодальнэ лъэхъэнэм Къэбэрдейр пщыгъуэ-пщыгъуэу гуэшауэ щытащ. Пщыгъуэ къэсыхункIэ езым япщ яIэжт, ауэ абы къыщымынэу зэрыкъэбэрдейуэ зы пщышхуэ хахырт пщым я пщыжкIэ еджэу. А къалэныр пщыгъуэхэм гъуэрыгъуэурэ къалъысырт. 
ПэкIу. Хэку Iуэхум теухуауэ унафэ пыухыкIа къыщащтэр арщ. ПэкIум хыхьэу щытар пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я лIыкIуэхэрт. Пщыхэр щхьэхуэу зэхэтIысхьэрт, уэркъхэри абыхэм япэмыжыжьэу щхьэхуэу тIысхэрт. ГупитIым я зэхуакум зы лIыкIуэ итт, пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр уэркъхэм яжриIэу, уэркъхэм ейр пщым яжриIэжу. 
Апхуэдэурэ гупитIым ящIа унафэр зрагъащIэурэ, псори арэзы зыдэхъу унафэм къытеувыIэрт. ПэкIур нэхъ щIызэхуэсу щытар зауэ Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI къэралхэм зэрахущытын хуейм тепсэлъыхьыну арат. 
Хасэ. Нарт IуэрыIуатэм щыщщ. Абы къызэрыхэщымкIэ, нартхэр илъэс къэс зэ зэхуэсу щытащ, хасэкIэ еджэу. Хасэм щызэхуэсахэр нарт Iуэхухэм тепсэлъыхьырт, зэрыпсэун унафэ къащтэрт, тхьэ елъэIурт, джэгукIэкIэ зэпеуэрт. Хасэм нэхъыжьри, нэхъыщIэри, цIыхухъури, цIыхубзри зэхэдз имыIэу хыхьэрт. Хасэм лъэпкъкIэ, къулей-къулейсызкIэ зэхэгъэж ищIыртэкъым. 
ГукIэ къузыбжьэ. Мэкъумэш е мэз щIыхьэху щащIам деж псом яужь иту къэзыгъэзэжам фадэбжьэ иратырти ехъуэхъурт дяпэкIэ яужь къимынэу сыт щыгъуи пашэу щытыну. А фадэбжьэм гукIэ къузыбжьэкIэ еджэрт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къызбрун, Зеикъуэ къуажэхэрщ. 
Гъуэрыгъуэ мэкъуауэ. Зы унагъуэ къарукIэ зи мэкъу Iыхьэр пызымыупщIыжыфхэр гуп-гупурэ зэгухьэрти, зэдэIэпыкъуурэ я мэкъур паупщIырт. ПхъэидзэкIэ унагъуэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнур яубзыхурти, зы махуэм зым и мэкъум щыщ паупщIырт, етIуанэ махуэм къыкIэлъыкIуэм ейр. Апхуэдэу къытрагъэзэжурэ, псом я мэкъури паупщIырт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къармэхьэблэщ. Ди зэманым кIуэдыжащ. 
ШкIахъуэ тыхь - адыгэ хабзэм щыщщ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм къуажэдэсхэр зэхыхьэрти къуажэ шкIахъуэм зы шкIэ иратырт а махуэм и щIыхькIэ.
Жьэгу пащхьэ тыхь - мыбы махуэ хэха иIэу щытакъым. Унагъуэм гуфIэгъуэ щилъым деж лы зыхагъэва лэпсыр е дагъэ жьэгум дэлъ мафIэм и хъуреягъкIэ къракIэкIырт, «ялыхь ерыскъырэ гуфIэгъуэрэ унагъуэр щумыгъащIэ», жаIэу тхьэ елъэIуурэ.
Лэгъунэ мафIэ - япэм щыгъуэ адыгэхэм нысащIэр хьэгъуэлIыгъуэ нэужьым Iуэху ирамыгъащIэу зы илъэскIэ щагъэсу щытащ. Iуэху щIэн щыщIидзэ япэ махуэм ар лъэпкъым щыщ цIыхубзхэм унэшхуэм щIашэрт. ЦIыхубз нэхъыжьым нысащIэр жьэгум дишэрти ихъуреягъкIэ къришэкIырт, итIанэ мафIэ зэщIигъанэрти тхьэ елъэIурт: «Ялыхь мы жьэгум игъащIэкIэ мафIэр щумыгъэункIыфI, къэкIымрэ къалъхумрэ тхьэм ущимыгъащIэкIэ», - жиIэрти.
 

 

Думэн Хьэсэн.
Поделиться: