Хущхъуэ уасэкIэ республикэр къызэрагъэпэщКоронавирус узыфэр зыпкърыт сымаджэхэу амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щIэтхэм зэреIэзэн хущхъуэхэр къращэхуну УФ-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхуиутIыпщащ сом мелуан 26-м щIигъу. НэхъапэкIэ, щIышылэм и 11-м, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэ Правительствэм пщэрылъ щищIауэ щытащ амбулаторэхэмрэ поликлиникэхэмрэ зи узыншагъэм щыкIэлъызыгъэплъхэм иратын папщIэ а IуэхущIапIэхэр хущхъуэкIэ къызэрагъэпэщыну. Мы зэманым республикэ бюджетым и мылъкукIэ сом мелуан 32-м щIигъу и уасэ хущхъуэхэр къащэхуащ.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




