НэмыцэIуэм сыкъызэрикIуэсыкIыжар

Хэку  зауэшхуэ  зэманым ­Къа­р­дэнгъущI Зырамыку и нэгу щIэкIа псэзэпылъ­хьэ­пIэхэм ящы­щу къи­Iуэтэжауэ щытащ мы хъыбарыр.

Пщэдджыжь къэс гъэрхэр мэлым хуэдэу дызэхуахусурэ Iуэм дыкърахуурэ дагъэлажьэрт. Махуэ щIагъуэ дэкIыртэкъым гъэрхэм ящыщ зытIущ шхын щхьэкIэ мы­лIэу. Дапщэрэ Iуэм дыкъыдахуами, набдзэгубдзаплъэу сызэплъар абы нэхъ тыншу сикIа зэрыхъунырщ. Си ажалыр абы хэлъми, Iэмал имыIэу нэ­мы­цэIуэм сикIуэсыкIыну быдэу мурад сщIати, зы Iэмал къызогъуэт. Шхын щхьэкIэ силIыхь нэхърэ нэхъыфIт.

Арати, зы жэщ гуэрым, жейр щыIэфI нэхущым ирихьэлIэу, хъумакIуэр зытес лъагапIэм и щIагъымкIэ къыстеплъэ щы­мыIэу сы­къыщIокIуэсыкIри, Червонэ Октябрь жыхуиIэ къуажэшхуэм нэху сыкъыщокI. Нэ­мыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхэзехуэн ящIа ­къуажэдэсхэр апхуэдизкIэ куэд хъурти, уэрамым ерагъкIэ ущы­зэ­блэ­кIыфу арат.

Абыхэм сахэту сыздэкIуэм соплъэри, зыгуэрхэм пщIантIэм кIэртIоф щы­зэ­хадзу самэм бгъэдэсу со­лъагъу. «КIэртIоф гъэва сагъэш­хынщ», – жызоIэри сокIуэри сахотIысхьэ. Езыхэри гуапэу къыс­IуощIэ. КIэр­тIоф зэхэздзу щIэздза къудейуэ пщIантIэм нэмыцитI къыдолъадэ: «Уэ ухэт? Дэнэ укъикIа? НакIуэ ди гъусэу», – жаIэри сраху­жьэ.

Куэд дэмыкIыу унэшхуэ гуэрым дыщIохьэ. Унэм кIэлындорышхуэ кIуэцIрокI. Абы и кIэ дыдэм и деж зытхьэщIыпIэ фIэ­дзащ, и щIагъым тас щIэтщ. Абдежым  телъ сабыныр къас­щтэри си Iэм щыс­хуащ. Си ужь ит нэмыцэхэм си Iэр сщIыурэ езгъэ­лъэгъуащ пэшыр: «Фэ фынакIуэ, сэ си Iэр стхьэщIынщи сыныщIыхьэнщ». КъызэдаIуэхэри зблэ­кIащ.

Си Iэхэри стхьэщIащ. АдэкIэ сщIэнум сегупсысу сыздэщытым, унэр зейр къы­щIэ­кIауэ солъагъу. Си Iэр си Iупэм Iуслъ­хьэри ез­гъэлъэгъуащ, зыри жу­мыIэ жы­хуэсIэу. Мыдрейми, «хъунщ», – жиIэри ­игъэзэжри щIы­хьэжащ. Сэ псынщIэу унэм сыкъы­щIэжри, уэрамым дэт цIыху Iувым захэзгъэгъуащэри, зызгъэбзэхауэ щытащ.

Зытхыжар Яхэгуауэ Бердщ.
Поделиться: