Нефтекумскдэсым фIыщIэ къахуещIКъБР-м щыIэ МВД-м дзыхь зрагъэз и телефоным къэпсэлъащ Ставрополь крайм щыщ Нефтекумск къалэм щыпсэур икIи фIыщIэ яхуищIащ Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу плъыр къулыкъум и лэжьакIуэхэм. Нефтекумскдэсыр 2022 гъэм мазаем и 7-м и «КамАЗ»-м ису гъуэгу здытетым Анзорей къуажэм деж и машинэм ипэ шэрхъым мафIэ къыщIэнащ. А дакъикъэм а щIыпIэм блэжрэ пэт къэхъуам гу лъатащ Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и ДПС-м и инспекторхэм - полицэм и лейтенантхэу Мэсей Зауррэ ТекIужь Залымрэ. Абыхэм псынщIэ дыдэу мафIэр ягъэункIыфIащ, гъуэгум тетхэр щытыкIэ гугъу къимыхутэн хуэдэу. ЗыIэдэIэпыкъуа шоферым автоинспекторхэм фIыщIэ къахуищIащ, я лэжьыгъэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэнуи къехъуэхъуащ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 14:54 →
Щыгъуэ махуэр зэрекIуэкIынур
18.05.2026 - 11:34 →
Узэда мэскъалхэм я фIыгъэкIэ
18.05.2026 - 11:32 →
Ящымыгъупщэ къэхъукъащIэ шынагъуэхэр
18.05.2026 - 11:25 →
Тщымыгъупщэну унафэ щыIэщ!
17.05.2026 - 11:34 →
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
| ||




