Гупсысэ хьэлъэхэм зевмыгъэубыдПрофессорым псы зэрыт Iэгубжьэр къищтэри, студентхэм еупщIащ: - Мы Iэгубжьэм и хьэлъагъыр сыт хуэдизу пIэрэ? - Грамм 50, грамми 100, грамми 120-рэ - хуагъэфащэу щIадзащ студентхэм. - Мыбы и хьэлъагъыр сымышэчауэ къысхуэщIэнукъым, - жиIащ профессорым, ауэ иджыри сынывэупщIынут: дакъикъэ бжыгъэкIэ мы Iэгубжьэр сIыгъыу сыщытмэ, сыт къэхъунур? - Зыри, - жаIэ студентхэм. - СыхьэткIэ сIыгъмэ-щэ? - Уи Iэр узынущ. - Пэжщ. Махуэ псокIэ сIыгъмэ сыт къэхъунур? - Уи Iэм зыхимыщIэжу ундэрэщхъуэнущ, дохутыр къоIэзэн хуей хъунущ. - Сыт сщIэн хуейр а къомыр къысщымыщIын папщIэ? - Iэгубжьэр гъэув! - жаIэ студентхэм. - Пэж дыдэщ. ГъащIэм къытхуигъэув лъэпощхьэпохэри мы Iэгубжьэм и Iуэхум ебгъапщэ хъунущ. Iуэху гуэрым дакъикъэ бжыгъэкIэ уегупсысакъэ, ар пщIыгъу мэхъу. Сыхьэт бжыгъэкIэ ар гупсысапIэ пщIакъэ - уелъахъэ, нэгъуэщI Iуэхухэр къегъанэ. Махуэ псом уи щхьэм ибгъэлъакъэ - зыри пфIэмыIэфIыжу укъегъанэ. Лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехьхэмрэ уегупсысын хуейщ, ауэ зэпымыууэ уи щхьэм ибгъэлъмэ я зэран къокIынущ. ЕбгъэтIылъэкIыфу щытын хуейщ, нэгъуэщI Iуэхухэми зэман къахуэбгъуэтын папщIэ. Апхуэдэу зебгъасэмэ, гугъуехьхэм уахуэужьыгунукъым, уи къарур щIахынукъым.
Поделиться:
Читать также:
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
01.05.2024 - 11:18 →
CурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ
01.05.2024 - 10:01 →
ЗэчиифIэм и щапхъэ
01.05.2024 - 08:58 →
Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|