Сабийхэм я псантхуэм щабэу йоIэзэ

НыбжьыщIэхэм я псантхуэм еIэ­зэ Хъыдзэ Лаурэ куэдым яцIыху. И щIэныгъэм, Iэзагъым, гущIэгъум щыхьэт тохъуэ зи бын абы деж езыша­лIэ адэ-анэхэр. ЦIыкIухэм япы­щIа дэтхэнэ IэщIагъэми нэхъыщхьэу хэлъыр сабийр фIыуэ плъагъунырщ. Iуэхур узыншагъэм теухуамэ, хамэ сабий щыIэкъым дохутырым и дежкIэ. Ар фIыуэ къыгуро­Iуэ ди псэлъэгъу «М-Клиникэ» медицинэ центрым и сабий-невролог Хъыдзэ Лау­рэ.

- Лаурэ, дохутыр IэщIагъэм сыт щыгъуэ гу хуэпщIат?
- ИлъэсиплIым щегъэжьауэ сщIэрт медицинэм сыхуеджэну сызэрыхуейр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуагъэнкIэ хъунущ сымаджэрилэу сызэрыщытар - си жьэжьейр къызэузырт. Москва сымаджэщхэми зыбжанэрэ сы­щIэлъащ. Лъы схашми, мас­тэ къысхаIуми сышынэртэкъым. КъызэрызэIэзэм сфIэ­фIу сыкIэлъыплъырт. Школ нэу­жьым сыщеджащ Налшык медучилищэм. Ар къэзухри, ди университетым медицинэмкIэ и факультетым терапиемкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьащ.
Студент гъащIэр дуней те­лъы­джэщ. КъэкIуэнум гугъэ куэд щыхуэбгъэтIыгъуэ, дуней псор ууейуэ къыщыпщыхъу зэманщ. ГъащIэм къыщыбдэ­гъуэгурыкIуэну ныбжьэгъу­хэр­ уиIэ мэхъу. Сэ сызыхэса гупыр лъэщ защIэт. Диплом плъыжькIэ къэзуха куэд къытхэкIащ. Куэд з­рагъэхъулIащ, медицинэм хэлъхьэныгъэ ­хуа­щIащ, зи IэщIагъэм хуэпэж дохутыр нэс хъуахэщ.
- Педиатру къыщIэбдзащ, зэрыс­щIэмкIэ…
- Педиатру седжэну сигу илъ­а­тэкъым нэхъапэкIэ. Еханэ курсым дыщынэсам,  дыхэдэн ­хуейт: хирургие, терапие е педиатрие. Терапием сыкъытеувыIэну си гугъащ, ауэ деканым и къуэдзэ Ах­риев Хаджи и чэнджэщкIэ педиатрием сы­кIуат. Арати, субординатурэр педиатру къэзухри, интернатурэми щыпысщащ. Егъэлеяуэ сыдихьэхати, сабийхэм сахэтыну, сэбэп сахуэхъуну, згъэ­хъужыну сыхуейт. Къэзуха нэужь, педиатру сабий клиникэ сымаджэщым сыщыIащ. Илъэси 10 нэужьым Москва етIуа­нэ щIэныгъэ щызэрагъэгъуэт­ урысей академиер невро­логыу къэзухыжри, 2008 гъэм республикэ сабий клиникэ сымаджэщым а IэщIагъэмкIэ сы­щылэжьэн щIэздзауэ щытащ. Абы щыгъуэ IэщIагъитI­ри - педиатриемрэ неврологиемрэ - зэдэсхьырт. Иужь­кIэ «Арникэ» клиникэм сыщылэжащ. Иджыпсту «М-клиникэм» сабийхэм я неврологыу сыщыIэщ.
- Сыт уи IэщIагъэ гугъур фIыуэ уэзыгъэлъагъур?
- Неврологыу ущытыным жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ. А IэщIагъэм къокIуэлIэж медицинэмкIэ щыIэ щIэныгъэ псори. Псантхуэр дэнэкIи щыIэщ. Гугъущ, ауэ удэзыхьэхщ. И сэбэп къызэкIащ педиатрием сызэрыщеджар. Ар сабий неврологием и лъабжьэр зыгъэбыдэ IэщIагъэщ.
 Сыт еш симыIэу сылэжьэну гукъыдэж къызэзытыр жы­пIэмэ, цIыкIухэр зэрысхуэгъэхъужырщ, зи бын узыншэ ­хъужа адэ-анэхэм я гуфIэ­гъуэрщ, абыхэм ящI фIыщIэрщ.
- Сабий къалъхуагъащIэр япэ махуэхэм щыщIэдзауэ зыгуэрым хуэбгъэсэн хуей?
- Хабзэ гуэрым тегъэувэн ­хуейщ: щыбгъашхэ, щыбгъэжей, хьэуа къабзэм­ щыхэбгъэт, щыбгъэджэгу зэманхэр­ махуэ къэс зэтехуэмэ, нэхъыфIщ. Анэхэм сыт куэдрэ къа­щыщIыр?! Сабийр къы­зэ­рыгъыу къапхъуатэ, щIаупскIэ, гущэм хапхэ, къыхатIыкI… Благъэ-Iыхьлыхэм сабийм хуащIэнIауэ хуейщи, анэр ягъэIущу щIадзэ. Пэжщ, нэхъыжьхэри сэбэп хъун хуейщ­, ауэ чэнджэщ куэдыщэр лейщ.­ Анэм нэхърэ нэхъыфIу зыми зыхищIэркъым сабийр. Зыхуэныкъуэр, фIэфI-фIэ­мыфIыр псом нэхъыфIу абы къыгуроIуэ - зэпыщIащ а тIур. Сабийм и дохутырым анэм къыжриIэр игъэзащIэмэ нэхъыфIщ.
- Сабий неврологиемрэ гъэ­сэныгъэмрэ зэпха?
-Дауи. Гъэсэныгъэм куэд елъы­тащ. Псом хуэмыдэу, адэш­хуэ-анэшхуэ куэдым сабийр ягъэфIэIуэ. Зыхуейуэ­ ­хъуар ирагъащIэ, и Iуфэ-лъа­фэр къажыхьу. Псори къыхуа­да, псори игъуэта нэужь, сыт сабийм ищIэр? Зы тIэкIунитIэ къызэрыпаубыду, къы­то­хьэ,­ щIым зытредзэ, зечэтхъэж, мэ­кIий. Балигъхэр зэ­ры­щIэ-зэгурыIуэу ягъэсэн хуейщ цIыкIур, хуадэмрэ хуа­мыдэмрэ зэтехуэу. Гъэсэныгъэ зэрыхуэны­къуэр неврологием хагъэзэрыхьу куэд къыс­хуашэ, пэжым ухуеймэ. Ар адэ-анэм яжызоIэ. Абы и лъэ­ныкъуэкIэ сабий садхэр, гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр сэбэп мэхъу. Гъэсэн, гъэджэгун, гъэгушхуэн хуейщ цIыкIур.
-Телефонхэмрэ гаджетхэм­рэ къахь зэраныгъэхэм укъытезгъэувыIэнут…
- Электромагнит къызэ­рып­кърыкIыр, нэр зэрызэIигъэ­хьэр, психикэм зэран зэрыхуэхъур, жейр зэригъэкIуэдыр - уз куэдыщэ къыхах сабийм кIыхьу ирагъэIыгъ гаджетхэм. 21-нэ лIэщIыгъуэм и уз шынагъуэщ смартфонымрэ гаджетымрэ. Щебгъэплъи къэхъункIэ хъунщ сабийр телефоным, иджыпсту ар икIэщIыпIэкIэ Iуп­хыпэну Iэмал зэрыщымыIэр къыз­гуроIуэ. Ауэ, мащIэ ды­дэрэ, пIалъэ гуэр хуэбгъэуварэ, абы къыфIэкI зэрымыхъунур къыгурыбгъаIуэу. Сабийр зэплъынкIэ хъунури балигъым и нэIэ щIэтын хуейщ. Ин­тернетыр зэIухыIуащ, хэт хуей­ми дэни йохьэф. Сабийм и акъыл мыжэпхъар зыгъэутхъуэн, уз къызыхихын мыхъу­мыщIагъэ куэдыщэ илъщ. Интернет джэгукIэ шынагъуэхэр щыIэщ. Абыхэм ящыхъумэн хуейщ­ щIэблэр.
- Медицинэр IэщIагъэ ищIыну зигу изылъхьэр сыт япэу зэгупсысыпхъэр?
- ЦIыхум и узыншагъэм, и гъа­щIэм теухуауэ IэщIагъэ къыщыхэпхым деж, куууэ уегупсысын хуейщ. ЛэжьапIэ IэнатIэм къыщыбгъанэу укIуэж хъу IэщIагъэкъым медицинэр. Жэщи-махуи уапыщIащ уи Iэзэгъуэ хуэныкъуэхэм. Сэ унэм секIуэлIэжа нэужьи, зи­ узыншагъэ си нэIэ щIэт цIыкIухэм я анэхэр телефонкIэ къыщыпсалъэ, къыщысхуэтхэ щыIэщ. ГуфIэгъуэ е гуауэ Iуэху сыкIуами, цIыхухэр къызбгъэдохьэри, я сабийм и узыншагъэм теухуауэ зытегузэвыхьхэр къызахьэлIэ. Дэнэ щыIэми, лэжьыгъэм хэтщ дохутырыр. Псом хуэмыдэжу, ар сабийм еIэзэ дохутырмэ, зы­къригъэлыж хъунукъым.

 

Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: